"Дауэ дгъэса хъуну цIыхущIэ, лъэпкъ гупщысэр и гум илъу, и хэкум, и бзэм къыщхьэщыжу" ? ‐ мэгузавэ адыгэр.
А упщIэм упщIэ къыпокIуэж ‐ цIыкIу IыгъыпIэр (детсадыр), еджапIэр, адыгэм ей, адыгэбзэкIэ зекIуэрэ ?
Зи бзэр сыхьэтитIкIэ фIэкI ирамыгъэдж пэтрэ хэку иIэу, гражданину зызылъытэжыр сымаджэщ, цIыхур и бзэкIэ щымыпсэу щIыналъэр и хэкукъым икIи гражданинкъым ‐ щхьэхуиткъым, хэкуи иIэкъым колониальное сознанием и къэпхъэным къикIыфкъым, апхуэдэм щхьэхуит хуэдэу къыфIагъэщIащи лъэпкъым щхьэ зыгуэр хуэщIэн хуэдэу къыщохъу (къэпхъэным иубыдам, лъэхъуэщым исым сыт хуэщIэнур ?). Хабзэри бзэри щIэкIуэдыр езым и зэрану и щхьэм хуехь. Зыри щыхуэмыщIэкIэ зешхыхьыж, зеубыж, и Iуэхур щIэмыхъур и зэрану елъытэж, ар къызыхэкIыр ипэ дыдэм деж щыуагъэ IэщIэкIаращ, щымыIэр щыIэу къыфIощI ‐ пропагандэм щхьэхуиту къыфIигъэщIащи и нэщыпхъуэр къыIузыпхъуар илъагъукъым, къемыхъулIа псомкIи игъэкъуаншэр и щхьэращ.
ЗалмыгъэкIэ хэкум ирамыхуауэ, диным щхьэкIэ езыр хуейуэ икIауэ и фIэщ пщIымэ, и бзэмкIэ щIэныгъэр иумыгъэджрэ (наукэ предметхэр) ар цIыхум зэрыбгъэдилъхьэн и бзэм хэмытыхэу, къыхуэмыщтэну къыфIэбгъэщIмэ мыхэр къезыщIа, къыпэзубыд къэралым губжь хуиIэнукъым, аращ бийр зыхуейхэри, ар къабзэлъабзэу, зыкIи мыкъуаншэ хуэдэу и Iэр хитхьэщIыкIыжу "хейуэ" хэкIынущ.
Ар апхуэдэу щытынущ ЗЫТЩIЭЖЫХУ, нэгъуэщIу жыпIэмэ дызэрыщхьэхуимытыр, хэку дызэримыIэр (а тIур зэтIолъхуэныкъуэщ) къыдгурыIуэху. ЗытщIэжмэ щхьэхуитыныгъэмрэ хэкумрэ дыщIэбэнынущ.
ХУИТЫНЫГЪЭР зи мыхущхъуэ щыIэкъыми а хущхъуэшхуэр къытIэрыхьэжмэ уIэгъэу диIэр игъэхъужынущ.
Псэбыдэ Нартыгу
Comments
Post a Comment