Лъэпкъыр бзэм къехъумэ

 


Бзэр лъэпкъым и фащэщ. Ар къокIуэ дызэрыбауэ хьэуам хэту, псэм пэгъунэгъуу, Iэпкълъэпкъым хэгуэшауэ. Абы блэкIар къепщытэж, ит зэманыр егъэнаIуэ. Лъэпкъым и къэкIуэнур зыхуэдэнум ущегупсыскIи узэжалIэр аращ. Бзэмрэ хабзэмрэ зэщIыгъущ, абыхэм къапкърокIыж лъэпкъым и шыфэлIыфэ екIухэр. Сыт хуэдэ адыгэ лъэпкъым и хьэлыр, и хабзэр, и щэнхабзэр? Нобэ бзэр хъумэным хуэныкъуэ е езы лъэпкъыр къихъумэрэ абы? Сыт хуэдэ Iэмалхэр щыIэ щIэблэм анэдэлъхубзэр яIурылъхьэным теухуауэ, сыт нэхъыщхьэу хэлъ ди лъэпкъ шыфэлIыфэм? Сыт лъэпкъым и къарур, и тIасхъапIэр, и насыпыр? Мы упщIэхэм теухуауэ я гупсысэ къагъэнэIуащ зи IэщIагъэкIэ зэхуэмыдэ цIыху зыбжанэм. Ахэр хэт Хэкум щопсэу, хэти хамэ щIыпIэм щыхэхэсщ. Гъунэгъу зэхуэзыщIыр лъэпкъ Iуэхурщ.

Езауэ Мадинэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрым и унафэщI:

- Дэ ди деж хуэдэу нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ щызэрылъытэ лъэпкъ щыIэу къыщIэкIынкъым. Къытхуэнащ ар, тхэлъщ, хэт сыт жиIэми. Адыгэм укIытэ хэлъщ, напэр къабзэу ихъумэну хущIокъу. ДызытекI мыхъу хабзэхэр тIэкIу ткIийуэ гугъу дыщрагъэхьи щыIэщ. Ауэ а гугъуехьым ди псэр егъэнщIыж. Мис ар ди лъэпкъым и къарущ.

Дзасэжь Ларисэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м инджылызыбзэмкIэ кафедрэм и унафэщI:

- Бзэр тхыдэ щIэинщ, псалъэкIэ бауэу. Абы къыпкърокI лъэпкъым и хьэл-щэныр, и гупсысэкIэр, и псэр. Бзэ тIурымылъмэ, лъэпкъыу дыщыIэфынукъым. ЗэрытщIэщи, ЮНЕСКО-м ди адыгэбзэр яхибжащ кIуэдыжынкIэ шынагъуэ ихуа бзэхэм. ДызыIут IэнатIэр гугъу пэтми, дэ Iэмал гуэрхэри диIэщ ди бзэм и псэр къедгъэлынымкIэ. Пэжым ухуеймэ, ди фIэщу зетпщытмэ, абы тхуэмыгъэзэщIэн хэлъкъым – ауэ сыт – дызэкъуэувэн хуейщ абы папщIэ. Дауи щIыи, дэ ди ныбжьым итхэращ абыкIэ жэуап нэхъ къызытехуэр – мыгувэ щIыкIэ, хэкIыпIэу щыIэхэр къэдгъэсэбэпын хуейщ.

Мэлей ФатIимэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэ:

- Лъэпкъым зиужьын щхьэкIэ, япэ дыдэу щIэблэм егупсысын хуейщ. ЩIэблэ гъэса зиIэрщ япэкIэ кIуэтэфыр. Шэч хэлъкъым сабийм тхылъым сабийм гъэсэныгъи щIэныгъи къызэрыхихым. Сабийм гъэсэныгъэ тэмэм иIэмэ, езы цIыкIум и щхьэм къэкIынущ лъэпкъым зэрыщыщыр, и бзэр Iурылъын зэрыхуейр. «Адыгэбзэр умыщIэу хъунукъым», жыпIэу утекIиен е хэбгъэзыхьын хуейуэ аракъым. АтIэ, ар уэ езым зыдэбгъэплъеин хуейщ, щапхъэ ебгъэлъагъуурэ. Адэ-анэм далъагъур ящIэж сабийхэм.

Мамбэт Люсэ, УФ-м и социальнэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм Дзэлыкъуэ щIыналъэм щиIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI:

- Сэ адыгэбзэм сыхуеджэну сыщыщIэтIысхьам щыгъуэ, зэрыжаIэу, ар «моднэтэкъым». Уеблэмэ адыгэбзэкIэ псэлъэну зэзымыпэс куэд урихьэлIэрт. Дагъэлъахъшэну и ужь итхэт зыкъом. Иджы соплъри, а и пэм къытщIэнакIэу щытахэр дэнэкIи къыщыхокIиикI «адыгэбзэр къэIэтыжын хуейщ» жаIэу. Адыгэбзэр хъумэн, ирипсэлъэн хуейуэ аращ. Птхьэла нэужь, ар уи кIий макъым къигъэушыжынукъым. Лъэпкъ узыншэм и нэщэнэ нэхъыщхьэр - бзэращ! КъардэнгъущI Зырамыку зэрыжиIащи, дунейм теткъым улъэпкъ мащIэн нэхърэ нэхъ гугъу. Уи бзэр уимыIэжмэ, лъэпкъышхуэхэм уахэзэрыхьыжынущи, узэфIэкIащ.

Сэхъу Мурат, дзэм елэжь дохутырщ, лъэпкъ Iуэхум дехьэх, Москва щопсэу:

- Дэ адыгэу дыщIыщытыр къыдгурыIуэжыху, лъэпкъыу дыкъызэтенэнущ. АпщIондэху адыгэбзэми дыхуеинущи, абы нэхъ дегугъун хуейщ. Бзэр зыгъэбагъуэу щытар IуэрыIуатэрати, ар хьэщIэщхэм махуэ бжыгъэкIэ цIыхухэр щисыфым щыгъуэ тхуэлажьэрт. ИужькIэ тхылъхэр къежьати, абыкIи ехъулIэныгъэр мащIэкъым. Иджы интернетым нэхъ зрат хъуащи, ар зыIэщIэдгъэкI хъунукъым. Интернетым адыгэбзэм япэ лъэбакъуэхэр щич къудейуэ жыпIэ хъунущ. Куэди щащIащ: щэ бжыгъэурэ видео илъщ, узэдаIуэ тхылъ къыдагъэкI, уэрэдхэр гъунэжщ, иджы щIэуэ къаублауэ уэршэр куэд къыщат, тхьэмахуэ къэс 2-3 къыдэкIыу. Ауэ нэхъыбэжи щIэн хуейщ. Адыгэбзэ зымыщIэ къытхэтмэ, ар зи лажьэр адыгэбзэ зыщIэхэращ. Дэтхэнэ зыми лъэкI къигъанэ хъунукъым абы теухуауэ. Ар си Iуэху еплъыкIэщ.

Тоубычэ Сонер, Тыркум къикIыжу Хэкум къэIэпхъуэжа IэпщIэлъапщIэ:

 - Япэрауэ, лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыр бзэращ. Бзэр тIурымылъу адыгэ гупсысэкIэм дытетыфынукъым. Сэ адыгэ хабзэр сыкъыщыхъуа унагъуэми си благъэхэм я дежи щыслъэгъуащ. Тыркум щыIэщ хабзи цIыхугъи. Ауэ абдеж бзэр щокIуэдыж. Бзэр пIурымылъми, къэфакIуэ е джэгуакIуэ нэс къыпхэкIынущ, ауэ адыгэ нэс ухъуфынукъым.

Арымбэч Айшанур, инженер пщащэщ, Тыркум щопсэу:

- Адыгэ хабзэ жыхуэтIэм егъэлеяуэ купщIэшхуэ кIуэцIылъщи, ар къыбгурыIуэнри насыпым щыщщ. Псалъэм папщIэ, адыгэм диIэщ мыпхуэдэ хабзэжь: адэ-анэм е нэхъыжьхэм укъалъагъуу, цIыхум уахэту уи сабий бгъэджэгуныр емыкIуу. Иджы мы хабзэм и лъабжьэм щIэплъэгъуэфынум девгъэплъыт: дунейм тетщ цIыху куэд бын ямыIэу, ауэ абы ехъуапсэу, апхуэдэуи щыIэхэщ адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэр. АтIэ мы хабзэри гущIэгъум къыхэкIауэ хуэбгъэфащэ хъунущ. Си гугъэмкIэ, хабзэр псэщ зэрыпхуэхъумэнур. Уи гум адыгагъэ имылъмэ, хабзэ-бзыпхъэ бгъэлъэгъуэну и ужь уихьэми къохъулIэнукъым. ЦIыхур хамэ лъэпкъ къыхэхутамэ, нэгъуэщI хабзэхэр куэдрэ илъагъумэ, хамэбзэр и тхьэкIумэм итмэ, тыншу абыхэм яхэшэпсыхьыжыфынущ. Ауэ сыт ар къэзыхъумэфынур лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкIа цIыхуу жыпIэмэ, ар и куцIырщ, и лъым хэту зыхищIэ къарурщ. Ар пхэлъмэ, уи бзэри абы щыхъумащи, къэпщтэжынущ. Япэрауэ, лъэпкъым теухуауэ фIэщхъуныгъэ уи гум илъын хуейщ: уэ езыр узыщыщыр псом нэхърэ зэрынэхъыфIыр хьэкъыу ппхыкIа нэужь, ар къару лъэщ пхуохъу. «Сыт сэ хабзэри бзэри схъумэн щIыхуейр?» - жыбоIэри узоупщIыж. «Ар сысейщи, сегъэдахэри, сегъэлъапIэри, си щхьэр сегъэIэтри!».

Щоджэн Берсис, адвокатщ, Тыркум щопсэу:

- Анкара щыIэ Адыгэ Хасэм сыкIуауэ, абы «Адыгэбзэ» тхылъ щыслъэгъуати, къэсщэхури, сэр-сэру адыгэбзэкIэ тхэкIэ, еджэкIэ зэзгъэщIэжауэ щытащ. Пэжщ, дыщыцIыкIум анэдэлъхубзэщ унагъуэм дызэрыпсалъэр. Ауэ, еджапIэм тыркубзэкIэ дыщагъэпсалъэурэ сIэщIэхуа хъуат. АдыгэбзэкIэ тхауэ сыт къысIэрыхьэми, абыхэм макъкIэ седжэурэ, адыгэ уэрэдхэм седаIуэурэ, сызыхуэзэ адыгэхэм сепсалъэурэ, си адыгэбзэр нэхъыфI хъужащ. А зэманхэм Кавказ къафэхэм щыхуагъасэ гуп къыщызэрагъэпэщат Истамбыл. Абыи сыхыхьащ. Сытми, си анэдэлъхубзэм сыкъихъумащ адыгэу.

Дуней псом щикъухьа лъэпкъым зихъумэжыну гугъущ. Хабзэ-бзыпхъэри бзэри къэкIуэну зэманым хуэбгъэхьэзырын, япэкIэ уплъэн хуейщ.

Гугъуэт Заремэ
АП



Comments