Анэдэлъхубзэр сыт цIыху щхьэхуэм, лъэпкъ псом дежкIэ? Тхьэм къыIурилъхьэри ирипсэуну кърита фIыгъуэщ. И лъым хэтщ, цIыхум и хьэл-щэныр ипсыхьу. Пэжщ, бзэм хьэл-щэн епсыхь. Ди адыгэбзэм къыдокIуэ хабзэ-нэмыси, щэнхабзи, зыIыгъыкIи, зыщIыкIи, цIыху хэтыкIи, дуней тетыкIи. Мо зэкIэлъыхьа-зэпыщIам зы къуэпс къыхэпчмэ, ар псо хъужыркъым – зэкIэщIокI. АтIэ, адрей къуэпс псори къызыбгъэдэкIыжыр бзэращ. Бзэмрэ псэмрэ зэгъусэщ. Гугъу иджы адыгэбзэкIэ упсэлъэну? Хьэуэ, псэ хэплъхьэмэ, гугъукъым. Аращ тфIэкIуэдыр – псэращ. Псэм дегугъун, дытелэжьэн хуейщ. Бзэр мэкIуэд жытIэ щхьэкIэ, ар здэкIуэ щыIэкъым. Псэр мэкIуэдри, бзэр тхуэмыгъэкъаруужу аращ ахъумэ. Псэ хомылъхьэу уэрэд жыпIэфынукъым, укъэфэфынукъым, сурэт пщIыфынукъым, фащэ бдыфынукъым. Псэ хомылъхьэу анэдэлъхубзи пхуэхъумэнукъым. Ди псэр дгъэнщIыжын хуейуэ аращ.
Бзэм гъуни, нэзи, лъащIи иIэкъым. ИгъащIэкIэ къэттIэщIын, зызыщыдгъэнщIын фIыгъуэ мэхъу. Дэ диIэ фIыгъуэм ди щIэблэр хэдныну щхьэ дыхуиту къытщыхъурэ языныкъуэхэм? Ди псэр кIуэдауэ дыщхьэзыфIэфIщи. ЗыкъэтцIыхужкъыми. Ди зэманым адыгэбзэм теухуауэ гупсысэ жьгъей куэд цIыхухэм ягу къокIыр. Ар лъэпкъ хьэлым къыщхьэщыкIа гупсысэщ. Бзэ хъугъуэфIыгъуэр нэгъуэщI «хъугъуэфIыгъуэ нэпцI» гуэрхэмкIэ яхъуэж. ЦIыхум и ныбэр измэ, и псэр нэщIми къыщригъэзэгъыф щыIэщ.
Адыгэныр псэм и щытыкIэщ. «МыгурыфI гурей», усакIуэшхуэми зэрыжиIауэ. ФIэкIыпIэ зимыIэщ ар. Лъагъуныгъэм хуэдэщ… Адыгэныр япэ дыдэу зэспхыр хабзэ-бзыпхъэ жыхуэтIэхэр аракъым. Ахэр лъэпкъыр къэгъуэгурыкIуэурэ гъащIэм къыхих хьэл-щэн щхьэхуэхэщ. Абыхэм я мыхьэнэр инщ. Ауэ нэхъыщхьэжу къызолъытэ лъым хэт щэнхэр. ЛIыгъэмрэ къабзагъэмрэ адыгэм и лъым хэтщ, псалъэм папщIэ. ГъащIэм къыхэкI хьэл-щэн жыхуэтIэхэри абыхэм къелъытыжащ. Лъым, къупщхьэм епхауэ си гугъэщ адыгэу ущытыным хэлъ къару нэхъыщхьэр. «И лъым хэтщ», жи. Абы къызэпкърихыу си гугъэщ уадыгэным и мыхьэнэр. Сыт адыгэ псори щIэмыадыгэфыр? Лъыр утхъуауэ си гугъэщ…
Гугъу адыгэу ущытыныр, упсэуныр? Лъэпкъ укъызэрыхэкIам щхьэкIэ узэбакъуэ мыхъу Iуэхугъуэ куэд щыIэщ. Абыхэм гугъу къыпщащIынкIэ хъунщ уадыгэныр. Ауэ гугъуехь жыхуэтIэм и мыхьэнэри щхьэж къызэрыгурыIуэщ. Псалъэм щхьэкIэ, адыгэм и лIыгъэм нэгъуэщI къеплъмэ, абы гугъу иригъэхьу къилъытэнри хэлъщ. Е гухэлъым хилъхьэ щэхур нэгъуэщI лъэпкъым щыщым къыгурымыIуэнкIэ хъунщ. Е дэ «емыкIущ» жыхуэтIэхэр нэгъуэщIым къригъэкIуфынущ. Ауэ дэ ахэр додэ, тфIэдахэщ, ди гум дохьэ. Мис абыхэм адыгэр дытезыгъэтыр ди лъым и къарурщ. Армырамэ, ди псэр тыншынукъым. АтIэ, уадыгэрэ узэрыадыгэм уи псэр игъэтыншмэ, а гугъуехьхэри апхуэдэ дыдэу гугъуехькъым.
Дуней псор зытхьэкъу шыфэлIыфэрэ зыIыгъыкIэрэ зиIэ адыгэр тхьэм фIыуэ къилъэгъуа лъэпкъщ!
Гугъуэт Заремэ
АП
Comments
Post a Comment