ЦIыхур щхьэхуимытмэ щIыгур, хэкур езым ейуэ илъытэкъым (временщик мэхъу), щIыгур ехъунщIэ, ефыщI, екъутэ, езыр псэухукIэ къыхупыхыр къыпихыну хэтщ.
ЦIыхури, лъэпкъри щхьэхуитмэ ипэкIэ мэгупщысэ, щIыгум гууз-лыуз хуиIэщи хуосакъ, и бзэри и щэнхабзэри зэрихъумэным пылъщ.
Куэду зэпхащ мыр, цIыху щхьэхуитым и щIыгум хьэщIэу мыхъуу хэгъэрейуэ зыщелъытэж, уэщIыр (дунейр) зэтезыIыгъэри мыпхуэдэ цIыхухэр, лъэпкъхэращ.
ЗэрыпхъуакIуэм уи щIыгур Iэрыхьэмэ уи хэкур зэпрыкIыбжэ, пхъэнкIий идзыпIэ ещI, уибзи, уищхьи зэригъэкIуэдыным пылъщ.
Хуитыныгъэращ цIыхуи, псэущхьи ирехъуи я гъащIэм и лъабжьэр, ар щымыIэмэ мылIэ‐мыкIуэду зэманкIэ укIуэми жыжьэ унэсыфынукъым, уэщIыр къэсэхэжыным (дунейкъутэжым) ухуишэнущ.
Мэш Исмел
Comments
Post a Comment