Хьэlупэ Джэбрэlил нобэ къыщалъхуа махуэщ. Иджы благъэ къыдигъэкlа усэ тхылъым и гугъу щыдощl. Тхылъым фlищар - IЭГУАУЭНШЭ ПШЫХЬ.
ДжэбрэIил комозитору иригъэжьащ. Нобэр къыздэсым и Iэдакъэ къыщIэкIауэ щыIэщ уэрэд телъыджэхэр, классическэ тхыгъэхэр.
Нэхъапэм сыщыгъуазэт ДжбрэIил и эпиграммэхэм, ауэ нобэм къэсыху сщIатэкъым усэ итхыу. Иджыблагъэ къыдигъэкIащ усэ тхылъ и теплъэкIэ дагъуэ хуомыщIыну, IутIыж Мажид зыкъыщIигъакъуэри «Iэгуауэншэ пшыхь» фIищауэ. Тхылъыр цIыкIукъым, напэкIуэцI щитхум щIегъу усэ зэфэзэщу. Псалъащхьэ хэхауэрэ гуэшащ тхылъыр: Пшыналъэ, ПщIыхь сурэт, Бжьыхьэм и IэрыкIхэр, Сэтэней мэкъамэ, Пшыналъэм и лъэлъэжыгъуэ, Музыкэм и махуэ, Лирикэ, Iэгуауэншэ пшыхь, Дыгъэпэплъэ, Иужьрей гъатхэ – мыращ псалъащхьэхэр.
Дэтхэнэ псалъащхьэми ущрихьэлIэнущ лиризм гуапэкIэ гъэнщIа, гъащIэм, дунейм, лъагъуныгъэм, н. теухуа усэхэм.
Усэ екIу зыфIэмыфI адыгэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Дыхэвгъаплъэт. Гугъукъым ДжэбрэIил и усэ гъэпсыкIэр. Тыншщ, гурыIуэгъуэщ, фащэ хэха яIэу, ауэ , псом я щхьэу узыхьэхур ущымыгугъауэ къызэкъуипхъуэт образ, еплъыкIэ, гупсысэ хьэлэмэтхэрщ, ныджэм хуэдэу IупщIу, ауэ IэфIу.
Поэзие жыIэкIэр… мыр зэтеува термину щыткъым, щхьэж зэрызэхищIэу еIуатэ, ауэ махуэ къэс дыщызэпсалъэкIэ къэдгъэсэбэп бзэм адэжкIэ икIи дахэу, икIи гурыIуэгъуэу, усыгъэми и жыIэкIэу, фащэ дахи иIэу яIуатэ гупсысэхэм къозэгъ усыгъэкIэ уеджэну. Хьэлэмэтщ мыр усыгъэ (поэзие) жыхуаIэр:
«… гугъэ псэхыжар
Гъатхэм и кIэкъуагъым
Къысхукъуихыжащ» -
«гъатхэм и кIэкъуагъыр» плъагъун дэнэ къэна, ар къыбгурыIуэн къудейр тыншкъым. Гъатхэм кIэкъуагъ иIэкъым, ауэ жыIэкIэ дахащэщ, мыращ усыгъэм и лъабжь хъури – дахэу, е дахащэу псалъэр, акъылыр къигъэуIэбжьу, пIуэтэныр. Гъатхэр дунейм и къэхъугъэу гъэм и зэманщ. Дауи, гъатхэм щыгъыни щыгъкъым, цIыхухэм хуэдэу, кIэкъуагъи иIэкъым, ауэ усакIуэ жыIэкIэу хьэлэмэту иIуэтэфащ – мыращ поэзие жыхуаIэри, плъагъу къудей мыхъуу, плъагъум хэлъ дахагъэр, а дахагъэр зэрыплъагъу щIыкIэр, и плъыфэхэр зэрамыIуатэ хабзэкIэ, ауэ дахэу, е дахащэу пIуэтэжыфыныр. УсакIуэм дахагъэр зэхищIэу, илъагъу къудейуэ щыткъым – дахагъэр еIуэтэжыфыр теплъэр IупщIу уи нэгу къыщIигъэувэжыфу.
Илъэс кIуам мы бжьыхьэр къэкIэсат,
Уехъуэпсэну гугъущ къызипэсам…
…
Щыхь дахэу хуэбгырыхэ
Бгыхэм псэр домэх…
Усыгъэм иIэщ фащэ зэмылъэужьыгъуэ куэд, размеркIэ еджэу, я пычыгъуэ бжыгъэкIэ зэтемыхуэу; зэIухауэ, е зэхуэщIауэ къакIуэу. Мыбыхэм цIэи яIэщ хэхауэ, хэбгъэзыхьым, лъэпкъ къэси а цIэхэм дыщIагъужауэ я усэ зэхэльэкIэхэм и фащэ яIэм зэреджэри хыхьэу. ИтIани, усакIуэкIэ узэджэ хъунухэм я щыщу: «усэм и фащэр ямбу, е хорейуэ, е дактилу, е анапестщ» - жиIэу и гущхьэм къэкIыу итхауэ куэд уарихьэлIэнукъым. Усэм и фащэр къызыбгъэдэкIым и талантым къыдокIуэ. Нэхъ иужькIэ, усакIуэм и талантыр зыгъэлъагъуэ IэдакъэщIэкIхэр иIэ хъуа и ужькIэ, литературэм и теорием и хабзэхэм щыгъуазэ хъуа и ужькIэ, фащэ щыIэхэм хэдэнкIэ хъунщ, зыгуэр и псэм нэхъ дыхьэу къыхихыу игу дыхьэ фащэр итх усэм щитIэгъэнкIи хъунщ. Талантым къыдэкIуэ фащэр и пэ ирагъэувэу усэ зытхыфи щыIэщ , ауэ апхуэдэхэм «ремесленник» зыхужаIэхэм ящхьэкIэ кIуэуэ усакIуэшхуэ хъуфыркъым. Яков Брюсов нэхъ лъагэ фащэр япэ щIыкIэ гъуазэ зыщIу тхахэм къахэкIауэ сыщыгъуазэкъым.
Мыр щIэдгъэлъагъуэр ХьэIупэ ДжэбрэIил и усэ гъэпсыкIэм и фащэр зэпкъырытхыну аракъым, ДжэбрэIил и усхэр размерхэми емыгупсысу, усэм и фащэри имылъытэу (сонет зыбжани иIэщ и цIэ иримыIуэххауэ!) иIуэтэф къудейкъым, имыIуэтэнкIэ Iэмал имыIэу гъащIэм ищIауэ и гум зы къару гуэр къыщотэджри «ирегъэIуатэ», имыIуэтэнкIэ Iэмал имыIэу и бгъэм къыдэкIуея гупсысэр екIупсу фащэми, размерми емыгупсысу тхылъымпIэм трегъэхуэри – усэ хьэзырщ. Мыпхуэдэр цIыхур зэмыбэкъуэф поэтикэ хьэл зыбгъэдэлъу Тхьэм къигъэщIауэ аращ. И анэр ПащIэ Бэчмырзэ ипхъущ – мы къудейм къыджеIэ ар лъыкIэ адыгэ щэнгъуазэм къызэрыхэкIыр икIи имыIуэтэнкIэ Iэмал имыIэу зы къару гуэр и псэм къызэрыщыушыр фэрыщIагъэкъым икIи щхьэхуэфIыгъэ-щхьэгъэлъапIэныгъэм дихьэхыу аракъым – талант къыдалъхуам имыIуэтэнкIэ Iэмал имыIэу щытыкIэ ирегъэувэри аращ. Мыр тыншкъым езы ДжэбрэIил дежкIи, Бещтокъуэ Хьэбас дежкIи, Ацкъан Руслъан дежкIи – гугъуехьышхуэщ, IэфIщ, ауэ дэ, мы щIалэхэм я IэдакъэщIэкIхэм еджэхэм я дежкIэ, мыр гуакIуэщ, IэфIщ.
ПащIэ Бэчмырзэ езым зэхилъхьэжа тхыпкъкIэ усэ игъэпсу, и усэхэри, и поэмэхэри адыгэ лъэпъ усэ гъэпсыкIэ фащэм иту къэгъуэгурыкIуамэ, Бещтокъуэ Хьэбас лъэпкъ усыгъэ фащэри, акромонограммэр, къегъэсэбэп, европей усэ гъэпсыкIэ ЩоджэнцIыкIу Алий адыгэ литературэр зытришари дахащэу егъэшэрыуэ. Мыпхуэдэр зыужьыныгъэу зэрыщытыр нобэ долъытэ. Мыпхуэдэр ди литературэри, литературэм игъэIэрыхуэ фащэхэри, Iурылъ бзэри зэрефIакIуэм шэч къытозымыгъыхьэщ – мыращ зыужьыныгъэ жыхуаIэри, усакIуэми хэIэтыкIауэ щIиIутэр:
Бещтокъуэм нобэ жылэ хухэфсар
Сатыр зырызу хьэршым хеухуанэ,
Анэдэлъхубзэм фэ къыхуэфхъуэпсар
Псэ къабзэм щезыр, мазэр и кхъузанэу.
Хьэлэмэтщ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр. Гупсысэ куу къомылъыхъуэу узыщымыгугъа еплъыкIэ, образ, зэгъапщэныгъэ, метафора хьэлэмэт – куэд мэхъу къыхэбгъуатэхэр и усэхэм. Псори и псэм щыщIэ зэфэзэщщ и усэ дэтхэнэри, ауэ IупщI дыдэу псэм щIыщIэр зэриIутэ сатырхэри къыхолыдкI:
Зэгуэчым щыблэр, дунейм и щIыфэм
Фэлъыр зырызу арджэн къыдех,
Тхыпхъэ ихузхэм хупхъэ къыщыфэм,-
Къафэ гуузыр и сурэттехщ.
Е:
ЖызомыгъыIэ… си гукъеуэр
КъысфIийумэ, сфIощI усфIитхьэлэн!
ИтIани гъащIэ-жьызэпеуэм
Хэт, жыIэт, си щхьэр есхьэлIэн?..
Хьэлэмэт дыдэр гъэм и зэманым къыхуигъуэт щыIэкIэрщ:
Гъатхэм гъащIэр зохъуэпсэж…
Дызэрегъэплъыжыф усакIуэм, дегъэгуфIэ, ди нэпсхэр къришажьэу дыкъегъэуIэбжьыф. Диубыду ди гупсысэм къыхэIэбэ къудейкъым, ди гупсысэхэри, ди цIыху щIыкIэри еузэщI, ирегъэфIакIуэ, е дыдонэщхъей:
Зы дуней къысфIощI дуней кIэлъыджэ,
…
Жэнэт бзу бзэрабзэ, къетIысэх.
Сэ щIэх-щIэхыу удж толъкъуну згъабзэр
Пшынэбзэм дэмыхуэу, сегъэмэх.
Лирикщ. Зи псэм щымысхьыж лирик:
Гукъани сщIыркъым, псэм ефыкI
Гупсысэрщ си жэщ къаныр.
Иджы мы сатырхэр и цIыху щIыкIэкIэ уеплъымэ хуокIуэр – зэтохуэ и усэхэмрэ и цIыху щIыкIэмрэ, ауэ тынш мыпхуэдэ цIыху щIыкIэр?..
Гугъми тыншми мыращ «творчествэ» жыхуэтIэм зи гъащIэр хуэгъэпса цIыхум и натIэр. Мыр езы цIыхум къыхихыу жыпIэфыну си фIэщ хъуркъым, мыр езы цIыхум и натIэу къалъху. Пэжщ, щыIэщ мыбы хущIэкъуи, хуэпIастхъи, худэфыщIеи куэд дыдэу, ауэ мыбы тетыну (хуэкIуэну!) зи натIэу Тхьэм къигъэщIахэр аращ талант зыбгъэдэлъ лъащакIуэхэр – мыхэр аращ талантыр – езыр хущIэкъуу щымыту, ауэ имыгъэзэщIэну хузэфIэмыкIыу и натIэм къыщритхэм и деж.
И фащэкIэ, и гъэспсыкIэкIэ (стиль иехъу), гупсысэ иIуатэкIэ, дахагъэ хэлъкIэ сыт дэбгъуэну!? Укъеджэм укъызэщIиIэтэу игъэгуфIэнущ уи псэр – мыращ талант бгъэдэлъыр зыгъэлъагъуэр, ауэ сыт хуэдиз гугъуехьым хэт цIыхум и псэр?!
Пшынэбзэр щыбзэм – лъыр щIефыкI,
КIэрахъуэу щхьэр сыкъонэ.
Гукъани сщIыркъым, псэм ефыкI
Гупсысэрщ си жэщ къаныр.
…
Къудамэ гъуа си пащхьэм илъщ,
Пылъэлъу мафIэ сахуэ.
Си махуэ кIуам жэщыбг бгъурылъщ,
Дыгъэпс зэригъэзахуэу.
УсакIэр игъэтыншыркъым и псэм хэлъ зэпыту щыт и лъэпкъым и бзэм и щыIэным къеныкъуэкъу нобэм, е, нэгъущIу жысIэнт: и лъэпкъым и пщэдейм игъэпIейтей зэпытщ:
Гуращэ зиIэр – гуащIэм емыблэж!
Зэман лэныстэм гъащIэр къысхуещыхьыр.
Бэлыхьу щыIэм си лъэпкъ мащIэр блэщ,
И шыхъуи, Iэхъуи, нэхъ дахэм епщIыхьу.
Усэ куэд цIыху куэдым яхуитхауэ урохьэлIэ. Мыбы игъэлъагъуэр и пыщIэныгъэхэр зэрыиныр аращ. Ауэ лейуэ уегъэпIейтей и бынжэм къыпыкIам хуитхым:
Къызэплъ быдэу, си псэр зэзгъэшхын,
Сыт къоузми дэ ди ныкъуэ-ныкъуэщ.
Хэхауэ къыхэгъэщыпхъэщ ди адыгэ усакIуэшхуэ Бещтокъуэ Хьэбас хуиIэ пыщIэныгъэр. Мы усэр (и пэжымкIэ иджыри семыупщIами) сымаджэ хьэлъэу итхауэ си гугъэщ. ДжэбрэIил щIалэжкъым. Псэ зэпылъхьэпIэ мызэ – мытIэу ихуащ. Къэтхьынти усэм щыщ IыхьэфI:
ДищIакъым нэIуасэ
ПсэхупIэм, с къуэш.
Къыстепхъуэ уи усэр,
Псэр хьэршым сфIэкIуэж.
Сэ япэ сынэсым
Нэмыс къосхыжынщ,
Лъэмыжыр мысысу
Псэ къуэпскIэ сшхэжынщ…
КъыщIыхьэ си пэшым,
Уешамэ, си къуэш.
Уэ «ену къэбзэшым»
Пшынэбзэр доуш.
Мыпхуэдэ къуэшыгъэм (зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым) уи нэпсхэр IэфIу кърашажьэ. Псэрэ псэрэ зэгъунэгъущ, жаIэ. Гупсысэ псэ хэлъщ. Уи гупсысэ зэтехуэмэ аращ – псэкIэ узэкъуэшщ. Мыпхуэдэр лейуэ гуапэщ.
Сэ япэ сынэсым
Нэмыс къосхыжынщ…
Адыгэ хабзэм и Iыхьэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм щыщщ нэмысыр, цIыхугъэми, адыгагъэми пэхъуу. Ещхьэркъабзэу ДжэбрэIил иIэщ сатыр телъыджэ Ацкъан Руслъан хуэгъэпсауэ. УсакIауэхэми, ди усакIуэшхуэхэм, яку пщIэшхуэ, нэмыс, къуэшыгъэ зэрыдэлъым дызэрылъэпкъ узыншэр егъэлъагъуэ.
ДжэбрэIил и тхыгъэхэр гуапэу, гупсысэ хьэлэмэтхэр къыбжьэхэлыдэу, образ телъыджэхэр, зэгъэпщэныгъэ хьэлэмэтхэр шэрыуэу, IупщIу уи нэгу гупсысэр къыщIагъэувэу яIуатэу щытщ. УсакIуэшхуэщ хужыпIэфынущ уи напIэр мыджылу. Бещтокъуэ Хьэбас и лирикэм хэлъ гупсысэм и кууагъым укъигъэуIэбжьу уигъэгупсысэмэ и пщтырагъыр укъису зэхэпщIэмэ, ХьэIупэ ДжэбрэIил гуапэу, тыншу, и гупсысэхэм гугъу удемыхьу зэхэпщIэу, къыбжьэхолыдэ – укъаскъым, уагъэгуфIэ – мис зэныбжьэгъуитIым я IэдакъэщIэкIхэр нэхъыщхьэу зэрызэщхьэщыкIыр.
Зэпыу имыIэу уи цIыху щIыкIэм ухуэсакъын хуейщ, нэпсей, фыгъуэнэд умыхъун папщIэ. УсакIуэм и къалэн нэхъыщхьэри арщ – езым и цIыху щIыкIэр ихъумэкIэрэ еджэм и гъащIэри къабзэ, жумарт ищIыну. ЩIым цIыхур къыщIагъакIуэ къалэнри хьэлэмэтщ – зищIэжын, зилъагъужыфын – укъабзэмэщ ар щыпхузэфIэкIынур.
Насыпым нэсым, цIыху къэсыху
Телъ щIыхуэр мэхъу нэхъ хьэлъэ…
Зы уэрэд дахэ сыусыху
КъысфIощI а щIыхуэр зэлъэ.
Мыбдеж усакIуэм къыщегъэсэбэп зимыкъэкIуэгъуэ – зимыжыIэкIэ псалъэ, ауэ мыр къыбжьэхэуэркъым, уеблэмэ йокIу пхужыIэнущ щIыхуэр «зэлъэу» щымытми. Мыпхуэдэр усакIуэм къигупсыс псалъэ мыхьэнэщIэ зыщIилъхьэхэм я щыщщ.
Сыт хуэдизу нэшхуэгушхуэу, зэIухауэ, уэршэрэгъу тыншу зыдимыгъэлъагъуми, усакIуэр закъуэныгъэм и гъэрщ, махуэ къэси абы IэщIэкIыну хущIокъу – мырауэ къыщIэкIынущ усакIуэ нэсым и натIэри – ирехъу ар закъуэныгъэм узэрыIэщIэкIын Iэмал, узыхуэныкъуэр дахащэу пIуэтэжыфыныр аракъэ усыгъэ жыхуаIэр. Мыпхуэдэхэм деж усэ фIыуэ зылъагъухэм я еплъыкIэ зэтехуэркъым…
Е джэгуакIуэу сыкъалъхуну
Си лIэщIыгъуэм щинэжа? –
щыжиIи урохьэлIэ усакIуэм. Мыр темэ хэхащ, щхьэхуэщ, тхыдэ димыIэжым куущэу пыщIауэ. Нало Заур тхылъ телъыджэ итхауэ щыIэщ джэгуакIуэр зи щIысым теухуауэ. ДжэбрэIил, шэч хэмылъу, «ДжэгуакIуэ» цIэ лъапIэр зэрихьэу лъэпкъым къытхэтынт, ди зэхэтыкIэр ямыхъуэжауэ нобэм дыкъэсауэ щытыгъамэ. Ауэ дэ империе иныщэ къытщхьэщытщ, ди щIыкIэр ихъуэжын щимыгъэтауэ. Абы ибзри идыжауэ щытащ нобэ дызытет гъуэгум и IуплъапIэ нэхъыщхьэхэри, лъэпкъым и нэгур зэригъэпсыну щIыкIэхэри.
Зман-зэманкIэ согупсыс
Усэным пыщIа макъым…
Ар мыIэщIагъэ, атIэ узщ!
И хъущхъуи къигъэщIакъым.
Макъамэ хъуэпскIым – си дунейр
Нэрынэу зэщIопщIыпщIэ,
Къыпысщэ псалъэр, гуащIэр зей,
КъыздикIыр къысхуэмыщIэ. -
хуабжьу цIыху захуэщ, пэжщ, накIэнэшагъэ хэлъкъым. Итхыр къызыхэкIым ирипагэкъым, зригъэщIагъуэкъым, атIэ итхыр къызэрыкIуэ щIыкIэр зэримыщIэмкIэ и щхьэ течауэ зеумысыж – Тхьэм и Iэр зрегъакIуэ! Мыпхуэдэ щIыкIэу птхар, шэч хэмылъу, шедевр цIыкIу хъун хуйщ.
УсакIуэм и тхылъым къыхэщ и Iуэху еплъыкIэм уащыхэплъэкIэ уи нэгу къыщIоувэ адыгэм и псэукIэу щытар, зэхэтыкIэ иIар. Тхьэм и фIыщIэкIэ, ДжэбрэIил хуэдэхэм я гуащIэкIэ хуитыныгъэр зыгъафIэу адыгэм зэхэтыкIэ диIам и къуэпсыр кIуэдакъым, псэущ.
Хэт къысфIищми мэжусий,
Сэтэнейщ си анэр.
Арджэн тхыпхъэм щыджэгу бзийм
ДобэукI гукъанэр. –
мыбдежи, нэгъуэщI усэхэми IупщIу къыщыхощ ДжэбрэIил тхыдэм, адыгэ тхыдэм, зэрыхущытыр. Дэ лъэпкъ дызыщIари, ди тхыдэр илъэс минхэм къыпхызыхари дынкъым, атIэ адыгагъэрщ. Хуэдэу цIыхум пщIэ хуэзыщI къэхъугъэ дунейм щыбгъуэтынкъым. Хабзэм лъэпкъыр къигъэпсэуащ. Хабзэм иригъэхъумэжащ лэпкъ хуитыныгъэр илъэсищэкIэ. Ноби, империем ди зэхэтыкIэр ихъуэжыну илъэс щитIым нэблэгъауэ къыдэныкъуэкъуми адыгэ хабзэм дыкъехъумэ, сыту жыпIэмэ адыгэ хабзэм цIыхур зыхуишэр хуитыныгъэр аращи. Хэкум и нэхъыбапIэр щIырахуари, нэщI ящIу ди щIыгу и нэхъыбапIэм хамэ къыщIытхагуари аращ. Зыри (договори, акти – зы тхылъымпIэ кIапэ щыIэкъым зы адыгэпщ, е дзэ пашэ гуэрым Iэ тридзауэ зауэр зэраух хабзэу лъэныкъуэхэр зэрызэгурыIуэ тхыгъэу, лъэпкъым и хэкур зэрибгынэм папщIэ – фызи сабии, лIыжь-фызыжьи яхуэукIыр яукIри, къэнам и нэхъыбапIэр зэлымыгъэкIэ ирахуащ мыжурэпэкIэ. ЩыIэр езы урыс инэралхэм лей зырахьар адыгэ лъэпкъым ерыщыгъэкIэ зэришэчар ягъэщIагъуэу ятхыжа мыхъу, зэзауэ лъэныкъуитIым яку къыдэхъуа зэгурыIуэныгъэкъым. Пащтыхьыр, тIы нэфым хуэдэу, къыщIидзыжащ зауэм и кIэм. Нэхъ Iеижуи и гъащIэри трилъхьащ адыгэ лъэпкъым къриха лейм (лагъым кIэщIадзам и лъакъуэм пихри, дунейр къытеукIурия хуэдэу, тхьэджэу илIыкIащ).
Протоколи, акти, зэгурыIуэныгъи щыщымыIэкIэ дыхуитщ ди хэкур ещхьэркъабзэу дыубыдыжыну. Ноби ди цIыхухэр къримыгъэхьэжу къыщIытпиубыдыри лъабжьэ ди хэкумкIэ зэримыIэр аращ.
ПщIыхьэпIэ гъуэгукIэ лъагъунлъагъу
Псатхьэ сыпхуишэжрэ?
…
Си лIэгъуэу щытми солъэIу Псатхьэ дотэм:
Зи теплъэ згъафIэм зэ сыIугъэщIэж.
И тхыдэкIи, и гупсысэкIэкIи къызыхэкIари, зыщыщри адыгэщ. Нобэ щыIэ тенденцэр – дин щIалэгъуалэм хапщэр мылъкушхуэрэ тепщэгъуэшхуэрэ зиIэ дунейпсо динщ. Ауэ девгъэплъыт мыр къызэрытхапщэ Iэмалхэм, щIыкIэхэм: урыс пащтыхьыр зэ щIэпхъуат адыгагъэр Iэпиудыну. Абы и щхьэусыгъуэри лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ, зэкъуэту и хуитыныгъэм и хъумакIуэ нэс зыщI Адыгагъэм къытришу, класс зэхущытыкIэм и жыпкъэм изагъэ дыным тришэу, хуитыныгъэр Iэщыб нэхъ иригъэщIыну щыгугъыу арат. Адыгэхэм хуитыныгъэр я тхьэу яIа цивиллизацэр якъутэу, зыхудэплъеин зыгуэр (едэIуэну, и щхьэр хуигъэщхъыну, ирехъу ар Алыхь, Бегъымбар) къащхьэщигъэувэну арат. Езы урысым я унэIути, унэIутхэм къыщхьэщыти мэлым хуэдэу псым хахуэри, зырагъэгъэпскIри, чыристэн диныр кърагъэщтат. Адыгэ илъэсищэкIэ зэзауэуэу иубыдари зы дин гуэрым итын хуейт, хуитыныгъэ дэтхэнэми и псэм хэлъыр къыжьэдагъэхуу, диным хуеплъэкIыу псэун папщIэ. Адыгэхэри чристэн хуэщIынутэкъым, сыту жыпIэмэ и хуитыныгъэр тезыха лъэпкъыр чыристэнти, абы хуиIэ лъагъу мыхъуныгъэр иныщэти, ауэ муслъымэн пхуэщIым – абыи къыщхьэщытт зыхудэплъеин – Алыхьри, Мухьэмэд бегъымбар Алыхьым и лIыкIуэри. Псом я щхьэжыр муслъымэн диным идеологие гъэпса иIэт хуитыныгъэм хуэзышэ адыгагъэм и идеал нэхъыщхьэ хуитыныгъэр нэхъ лъэрмыхь ищIу, хуэм хуэмур иригъэхъуэжыну. Мыхэр псори къалъытэри, зэи адыгэпщхэм я Хасэм ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрий къыхилъэхьа еплъыкIэмкIэ Абыкъуэ Исхьэкъ Истамбыл ягъакIуэри, къадыуэ ирагъаджэри, адыгэ лъэпкъыр муслъымэн диным трашэну ирагъэжьащ. А зэманым адыгэм чристэни къытхэтт, ауэ лъэпкъыр зэрызэхэтри, зэрыпсэури, лъэпкъ зыщIыж идеологиеу щытри Адыгэ Хабзэм къыхэкIа Адыгагъэр арат. А зэманым Вагъэдзыкъуэ иIэпхъукIыжу Мэздэгу Iэпхъуэжауэ щыта чристэн адыгэ жылагъуищ я хъыбар сыщыгъуазэщ. Ауэ пащтыхьым ирихьэжьа Iуэхур къыщIемыхъулIар дин зыхуиунэтIымрэ щIалэгъуалэмрэ якум адыгагъэм и хъумакIуэ нэс, нэхъыжьхэр, дэтти, адыгагъэм диныр дахьын хуей ящIт.
Нобэ илъэс щитI мэхъури адыгагъэми абы къыпащIагъэувэну зи яужь ит динми яку адыгагъэ дэтыжкъым. Адыгагъэм и къарур нэхъ мащIэ ящIурэ нэхъыжьым и псалъэм мыхьэнэ зицIэ имыIэжу зэтрагъэпсащ. Нобэ зи нэхъыжьыгъуэхэр империем и гъэжалъэм итщ я гупсысэр ныкъуэ хъуауэ. Колониализмым и идеологие лъэпкъым кърапхыу щытам, коммунист идеологие илъэс 70-кIэ уи газети, уи радиори, телевижнри – СМИиК – р зэрыщыту,- адыгагъэм и лъабжьэр къагъэуэну къеныкъуэкъуу екIуэкIа и ужь, Урысейм и щэхурылажьэхэм аргуэру пащтыхьым и жэрдэмыр къыдахыжри, агент влияние зэрымыцIыху зыбжанэм къабгъэдэкIыу, муслъымэныгъэр лъэпкъым къытхапщэу ирагъэжьэжащ. Мы узыфэщ, хамэщI щыпсэу адыгэхэм я нэхъыбэр иубыдауэ, Хэкум щыIэхэри ираубыду. Мы узыфэм пэувыфын идеологие ирикъуу диIэми, а идеологиер къэзыгъэсэбэпыфын унафэщI, интеллигенцие лъэпкъ гупсысэр зезыхьэ диIэкъым. Лъэпкъыр иджыри кризис зыхадзам хэтщ къыхэмыкIыжыфауэ. Адыгэр нобэ яфIэпсэууэ аращ, ауэ и щхьэр игъэпсэужыну хуиткъым – мыращ ХьэIупэ ДжэбрэIил и псэм темыхуэр, усакIуэр ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI идеологием щIытетыр. Лъагъунлъагъу пщIыхьэпIэ гъуэгукIэ Псатхьэ хуишэжыну и нэ къыщIикIыр, «Псатхьэ дотэм» щIелъэIур «зи теплъэ игъафIэм зэ IуигъэщIэжыну». Ди лъэпкъыр щыIэну, хьэмэ щымыIэну? – жиIэу упщIэ ди пащхьэм къимыувауэ щытагъамэ, дэ хабзэ тхэлъу, Тхьэшхуэ дгъэлъапIэу дыпсэууэ дызэхэт.
Иджыпсту зы жылэ иткъым Къэбэрдейми, КIахэми мэжджыт дэмыту, махуэм хуэзэу тхуэ азэн къыщымыджэу. Ауэ адыгэбзэкIэ: «Жылэ махуэ хъун!» - жаIэу къаджэу дэтхэнэ къуажэм щызэхэфха? Нэхъапэм диныр адыгэпщхэм лъэпкъыр нэхъри зэшэлIауэ империем пэщIагъэувэну ирагъэжьамэ (Уэсмэн къэралыгъуэ империери зыдагъэIэпыкхуэнуи я гугъэт!), нобэ лъэпкъым и гупсысэкIэр динкIэ ирагъэхъуэжыну аращ. Нобэ дыныр къытхэзыхьэу абы гъуэгу хуит езытыр тлъагъупхъэщ. Мыр политикэщ – лъэпкъым и хабзэ хуитыныгъэр и нэрыгъыу зэрыпсэур къызэрыIэпаудын политикэ. Дэ зэи зыдужьынукъым, нэхъыфIи дыхъунукъым ди адыгэ хабзэм пщIэ хутщIыж къудей мыхъуу, ар дгъэпсэууэ ди зэхущытыкIэхэм адыгагъэр и лъабжьэу едмыгъэжьэжу.
Сыщэнауэу уафэм сыдоплъей,
Сысакъыпэу си нэр къызэтесхым,-
ЗэхимыщIэу цIыхум къыдах лейр,
Езы Тхьэшхуэ щысщ къепэзэзэхыу.
(Мыбдежым зы псалъэ: «цIыхум» и пIэкIэ «лъапкъым» - схъуэжынт!)
ДжэбрэIил гу зылъитэр куэдщ, ауэ зи гугъу ищI уэркъхэм дакъытемыувыIэныр хъункъым.
Уэркъхэм нэхърэ нэхъ Iисраф ящIа зи тхыдэкIи, зи бжыгъэкIи адыгэ лъэпкъым щыщ Iыхьэ хэтауэ къыщIэкIынкъым (мы гупым «сословие» -кIэ уеджэну хуэкIуэркъым, бжыгъэкIэ куэд зэрыхъум къыхэкIыу, класскIэ уеджэнуи, ди адыгэ цIыхухэм я зэхэтыкIэкIэ тIууэ зызыгуэша лъэпкъхэм нэхърэ нэхъхыбэу гуэшауэ зэдэпсэут. Ди тхыдэм и пэжыр ирикъуу дджыжыну дызэрыхуимытауэ зэрыщытам къыдогъуэгурыкIуэ мы зэпкъырыдмыха Iэуэхур).
Уэркъыр арат лъэпкъыри, хабзэри ирикъуу зылъытэри, зыхъумэри. Ахэр урыс империем зэтриукIэн иригъажьэри, Къалмыкъыжьым я лъапсэм псы иригъэжыхьыжащ. Ди сабиигъэум сощIэж: пщыжь-уэркъыжьхэм бэм я лъыр замыгъэнщIыжу ирифу къэгъуэгурыкIуащ, жаIэу дагъэджу щыщытари, лажьэ зимыIэ гупым пцIы тралъхьэм дыщIапIыкIт – мыр пэжтэкъым ауэ урысейм и гуп гуэшыкIэм драгъэщхьыу, адыгэхэри мэкъумэшыщIэрэ гъэпщылIакIуэу, е рабочэ –лажьэкIуэжьрэ, капитализмым къыхэкI щIыкIэкIэ, гуэшын папщIэ лъэпкъым и зэхэтыкIам къытракъуэт. Иуаныкъуэ Нурбий, си егъэджакIуэм, жиIэжт: жылэм сабий ядыгъуну ирахьэжьауэ зэхэзежэ къэхъуамэ, уэркъыр арат, шы цIахуцIэ тесыми, кIэлъыщIэпхъуэу къытезыхыжыр.
ЩIэпхъаджэ Iуэху зэманым къыдэкIуэу щыIахэм ныбжьыщIэр, псом хуэмыдэу щIалэ цIыкIур ядыгъуу, е нэгъуэщIым ирихьэлIауэ уэркъыр блэкIынкIэ Iэмал иIэтэкъым – къытрихыжынут и псэр хилъхьами. Адэм лъэбакъуэ лей имычынри хэлъэт, ауэ апхуэдэ лейм гу лъимытэу уэркъыр блэкIыныр Iэмал зимыIэт, и напэми хутегъэхуэнутэкъым.
Я лейуэ ди жагъуэ зэрыхъун къудейкъым – дызэрыпыхьэнщ конституцэ фэтщауэ Хабзэ нэхъыщхьэ диIэр икъутэу къыдапхауэ хамэбзэкIэ ди щIэблэр ягъасэ къудейкъым, ятхьэлэ. Сыт хуэдиз адыгэ щIалэ, пщащэ, лIы, фыз сэ сцIыхурэ я сабиигъуэм екIуу ялъытэу зэрагъэджа урысыбзэр куущэу яхэпща хъуарэ, балигъ хъуа и ужь анэдэлъхубзэм темыхьэжыфу къэнауэ! Мыр дуей псом I% фIэкIа мыхъуж империем и лъэпкъыр зэрыкIуэдыжыр бжыгъэкIэ нэхъ мащIэ лъэпкъхэм дилькIэ къигъэпсэужын я гугъэу къыдипх политикэ Iуэхущ. Адыгэм нэхъыжь лъэпкъ гъуэтыгъуейщ, ауэ ди тхыдэр ди бзэкIэ ди щIэблэм ирагъэджыжыну империем идэркъым.
Сэ школ сыщыщIэсым си гугъэт адыгэм и тхыдэр уафэм къехуэхауэ. Дагъэджтэкъым, ауэ урысым и тхыдэм къыщыхъуахэр дагъащIэрт. Мыр ноби екlуэкl шовинизмщ, лъэпкъхэм Iэтащхьэ жыIэщIэхэр ятригъэувауэ зэлымыгъэкIэ псори урыс ищIыну ныкъуакъуэу – мыращ ДжэбрэIил и гум, хьэджысэм хуэдэу, псалъэ зэIусэхэр къыщIыхэуэр, мыращ «дакъэжь мафIэу уэркъыжь къафэм» къыщIызэщIигъанэри.
Дыгъэр къепсым нысэщIафэ
Щиху дэжей фIэрафIэ,
Дакъэжь мафIэ – уэркъыжь къафэ
Хэсшу сыкъыбдофэ.
***
IэщIагъэ сиIэм нобэ сыт и уасэр?
СыщIэпсэуа си лъэпкъыр мэхъу бзэмыIу…
Хъущхъуэгъуэ сщIауэ псалъэ сызэIусэм,
Хьэджысэм хуэдэу, си гум зыкъыхеIу.
ЦIыхум лъысыпхъэ хуитыныгъэр адыгэм къахуихьауэ жызыIэ Совет империем удемыжьуамэ, я нэхъыкIэрауэ, лей уищIынут. Зи гупкIэ уис зэманым удемыжьум укъэсэхыжыпат. ДжэбрэIили ирихьэкIащ а зэманыр.
Зи гупкIэ сис зэманым сежьыуакъым!
Си къурмакъейр щисыкIыу къэспсэуам
И уагъэ хъуа макъамэм псэр щIэзгъакъуэу,
Зыхуризгъэкъурт къыспаубыд хьэуар.
Мыпхуэдэ къэхъугъи щыIащ. Къып Мухьэмэд, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, Бещтокъуэ Хьэбас ХьэIупэ ДжбрэIил – мы щIалиплIыр зэныбжьэгъут, хэкум я гур хуэкъабзэу, щхьэж хузэфIэкI хуищIэу. Къып Мухьэмэд «неформальнэ пашэ» жыхуаIэм хуэдэу яхэту, Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий «уэ у щIалэщ иджыри!» - хужаIэу зыхамыгъэхьащэу. Хьэрфищхэр, шэч хэмылъу, якIэлъыплът гупым ящIэм, жаIэм. Мэлбахъуэм и деж нэсыжат, тIэкIу яужьыгуну я мурадуи, абы Iизын къаритыну зыщыхуагъазэм идауэ щытакъым: и гугъу фымыщI абыхэм, псом хуэмыдэу ХьтэIупэ ДжэбрэIил!» - жиIауэ яIуэтэж.
УсакIуэм ищIынущ и гугъу уэркъым, уэркъыжь къафэм къытригъэзэжурэ:
Дыкъэгъафэ уэркъыжь къафэ,
Сыкъэпфыхьурэ текIыж.
…
Ди зэхуэзэм сыт и махуэт…
Нэхущ удж зылъымыса
Хъуапсэ щIыфэм щIэтхъукI псантхуэ
Уэркъыжь къафэ емысам
БампIэдэхыу нэпс къыщIэхум –
ПхелыгъукIыр зэIусар.
ДжэбрэIил усакIуэшхуэщ. И ныжьым хуэфэщэн тхылъи къыдигъэкIащ щыхьэт техъуэу, ауэ гу зылъытапхъэ щыщIэныгъэхэри иIэщ, псом хуэмыдэу псалъэм и мыхьэнэ къигъэсэбэпхэр къызэрыбгурыIуэм теухуауэ.
Мазэ еIэжам
Жэщыр къегъэнэху,
Сыт уезыгъэшар
Сы ужьэ бгъэгуху?
«Мазэ еIэжам» и гугъу IутIыж Борис мыгъуэм ищIауэ щытащ. Мазэр «еIэжкъым» икIи хэIэжкъым, сыту жыпIэ мазэм а зы щытыкIэр аращ щыкIуэдыжам и деж иIэ хабзэр. Мыпхуэдэр щIым утету плъагъуркъым, нобэ техникэм къыдит Iэмалхэр къомыгъэсэбэпым. БлэкIа зэмануи фIэкIа адыгэм къигъэсэбэпуи щытакъым. ХужаIэри: «мазэр хэIэжащ». Ди адыгэ дунейм и щытыкIэр зэраIуатэ хабзэу щытар зэман дызыхэтым тфIегъэкIуэд. Мы псалъэр адыгэм нэхъыбэрэ къызэригъэсэбэпу щытар блэкIа зэманым итущ. Хъуреишхуэу уэгум ита мазэм хэщIурэ бгъузабзэ хъужырти – кIуэдыжыпэт. Мыбдежт щыхужаIэр: мазэр хэIэжащ! Зэман дэкIауэ бгъузабзэу щIэрыпсу зэгъэдзэкIауэ уэгум къыувэжынут. Ауэ иджысту, цIыхум и щIэныгъэр щыхэхъуа зэманым, мазэм къыдэбжэу, набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъу щыщыта зэманыр блэкIащи, мыхьэнэ хэха ирату щытами зихъуэжащ.
Хьэлэмэтыр аракъэ, мазэр искусствэм и образ телъыджэу къагъэсэбэпу къогъогурыкIуэ. Езы ДжэбрэIили иIэщ мазэм пыщIа зэгъэпщэныгъэ хьэлэмэтхэр. Сыт и уасэ мыпхуэдэ матафорэр:
Сызэжьэ гуэри щымыIэж…
ИтIани, гъатхэ, уи теплъэгъуэм
Гъуэмылэ хъуапсэм ириIэж
Мазэгъуэ жэщыр бжьиз къысщохъур.
Ноби адыгэ поэзием ущырихьэлIэнущ «мазэр хоIэж», «мазэр хэIэжынущ», жаIэу, зэман зэмылIэужьыгъуэхэм иту. Иджыпсту нэlурыт хъуауэ, Шэджыхьэщlэ Хьэмыщэ и псальэхэр зыщlэлъыми хэтщ: “мазэри йоlэж” - жиlэу, - мыр уэрэд цэрыlуэ хъуами, пэжкъым, апхуэдэ жыlэкlэ адыгэбзэм хэткъым. Дауи, мазэр дахагъэ гурым, гупсысэ гуэрым хьэлэмэту пыщIауэ, е образ гъэщIэгъуэну къэгъэсэбэпыныр аращ нэхъыщхьэр. ДжэбрэIили игу илъыри аращ, итIани «мазэ еIэжам жэщыр къигъэнэхункIэ Iэмал иIэкъым:
Зэзэмызи еIэж мазэу
Жэщыр зыгъэнэху
А уи нитI спэIэщIэм, мызэу,
Езгъэзат си щэху.
Е:
Мес гъатхэ мазэри йоIэж.
Мазэ кIуэдыжынми нэсащ поэзием хэлъ гуащIэр.
ИтIанэ:
Уи дахэр дахэт хъийм икIауэ!
Уи Iейм нэхъ икIэ къэмыхъуат!
Сэ къызгурыIуэркъым мыпхуэдизу зыгъэхыщIэ мы псалъэхэр щIитхар. Адыгэм и дахэр зыхуэдэр гурыIуэгъуэщ, ауэ и «Iейм нэхъ икIэ къэмыхъуат!» - щыжиIэм и деж занщIэу уи гупсысэр зыдэжэр лъэпкъым илэжьа Iейр аращ. Къэдвгъэгупсысыжыт адыгэм къыIэщIэщIа Iейхэр: лъэпкъ псо зэтриукIа? Жылэхэр къаувыхьурэ (адрей жылэхэр ягъэшынэн папщIэ!), цIыху къыдамыгъэкIыу топкIэ зэтригъасхьэурэ къуажэ минитIым щIигъу ягъэса, къыдэкIыну къеIэ цIыху гужьеяхэр,- сабии, фызи, лIыжьи, фызыжь зылъэмыкIыжи – зэтриукIэу? ЦIыху мин бжыгъэкIэ пэшхьэку къигупсысам ирихуэурэ игъэса? Лъэпкъ псо зэрыщыту зэтриукIэу, къэнэжар хэкум ирихуу и щIыр иубыда? Я нэхъыкIэу лъэпкъым къыIэщIэщIауэ щыIэр теуэ ищIу, шыбэр къатрихыу къихункIи хъунт, и лIыгъэр игъэнэхуэн папщIэ, е пщитI зэпэщIэувэу зым зыр къыхигъэжынкIи хъунт, ауэ цIыхубэр хьэкукIи игъэсакъым, сыбыр ихуу губгъуэ нэщIым: фыпсэу! –жиIэуи щридзакъым. Мы сатырыр къызгурыIуэркъым. Псом я нэхъыкIэжу ДжэбрэIил и гупсысэ ухуэкIэ удэзыхьэхыр пэжым хэзагъэкъым, мы усэр и програмнэ усэхэм хыхьэ хъуну, и симфоние «Псыхэгъэм» хуэунэтIами. АдэкIэ:
Сыпщытхъуми хъуэныр дэнэ схьыну?
Уи дахэр уэрщ зымыдэжар (?)
Адыгэ лъэпкъыр, адыгэ хабзэр къэзыгъэщIар, сыт хуэдэ зэманми и пщэдейм и гур хузэIухауэ къэгъуэгурыкIуащ. Пэжщ, дэтхэнэ лъэпкъыми хэбгъуэтэнущ Iей, фIыи, ауэ адыгэм, Iей и лъэныкъуэкIэ щIихьэу, ер Iэпэгъу ищIакъым. Къыщхьэщытащ лъэпкъым бзаджэнаджи, и лъэпкъ гупсысэкIэр иригъэхъуэжыну хущIэкъуу, ауэ лъэпкъ псом абы папщIэ къуаншэу бгъэуву:
Уи дахэр уэрщ зымыдэжар (?!) –
хужыпIэну, си гугъэмкIэ, емыкIущ.
Иджыри зэ къытезгъэзэжынщи, ДжэбрэIил мы усэр къаруушхуэкIэ, гуащIэшхуэкIэ гъэпса и усэхэм хэбгъыхьэ хъунут. Сыт и уасэ къыкIэлъыкIуэ сатырхэр:
Дэжэдкъурт анэжьу, Iуащхьэмахуэ,
Къурш лъынтхуэр хишу зыщишийм
И шырхэр, хэти псыхьэлъахуэт,
Хэт пшэху хъужауэ уэм щожей.
Лъея зэрызхэм хабзэ кIапэр
Дыгъэпсу щIышхуэм кърашэкI
Бэшэч ищIами лъэпкъыр напэм,
Iэгъуапэм нэпсыр сфIыпожэкI.
Нэхъ ищхьэкIэ къыщыкIуэ сатырыми арэзы укъищIыркъым:
Уи хъугъуэфIыгъуэм пыщэщ сахуэм
Уи махуэр жэщкIэ ихъуэжащ…
«сахуэми» ирикъуу арэзы укъищIыркъым. УсакIуэм игъэлъэгъуэну зыхуеяр бийр къытеуэу лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр ягъэсу, абыхэм къапыщэщ сахуэр арауэ къыщIэкIыт, ауэ хъугъуэфIыгъухэм сахуэр пыщэщ хъуами, хъугъуэфIыгъуэр хуэсакъыу яхъумэ хьэпшыпщ, къэхъугъэщ. Пэжщ. Сахуэм махуэр жэщкIэ ихъуэжынри хэлъщ, ауэ хъугъуэфIыгъуэм сахуэ пыщэщмэ, зыгуэр къобгъэрыкIуэри ахэр пфIигъэсауэ аращи, къобгъэрыкIуар умыгъэлъагъуэмэ, «хъугъуэфIыгъухэм сахуэр пыщэщу» мэхъури, укъыжьэдекъуэ.
Лъэпкъым и тхыдэр уи нэгу къыщIегъувэж езы усакIуэм и гурыщIэхэр дыщIигъужауэ. Мыбы арэзы узыдэмыхъуни, къызэрыдгъэлъэгъуащи, хэбгъуэтэнущ, сыту жыпIэмэ мыр ДжэбрэIил и еплъыкIэщ, ауэ псэ хъуахуэ и пэжым хэлъым уимыхьэхун пхузэфIэкIынукъым. Лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр телъыджэ къудейкъым, куу дыдэщ, уи бауэгъуэр иригъэубыду. Мыр адыгэ тхыдэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэж къудейкъым, мыр адыгэ тхыдэм гимн хуэхъуфынущ.
ИтIани щыуагъэншэу, мыгурыIуэгъуэ гуэр къыхэмыкIыу усэ тхылъышхуэ къызогъанэри зы закъуэ птхыныр гугъу дыдэщ.
ДжэбрэIил хьэршыр зи плъапIэ усакIуэщ, - жыпIэ хъунущ:
ШыкIэпшынэр къыщысщтам –
ЗэщIопщIыпщIэ хьэршыр;
***
Зэгуэр мо хьэршым макъ къиIукIым…
***
Хьэрш лъащIэм вагъуэ щыIэпыхум…
- цIыхупсэри, вагъуэхэри, дунейр зыхэт хьэршыри, амкIыщри, адыгэ къафэри, къуажэри – гъащIэм зэрыщыту пыщIа къудейкъым ДжэбрэIил, гъащIэм и курыкупсэм хэтщ и гуауэри, и гуапэри зэхищIэ къудей мыхъуу, и псэ пIейтей зэпытым гъащIэм и пульсыр къыщеуэу, - мыращ усэ итхыр къызыхэкIыри – куущэу зэхищIэ гъащIэм и дунейрщ. ДжэбрэIил ди пащхьэ кърилъхьар «Iэгуауэншэ пшыхькъым», - Iэгуауэшхуэ тыхьщ.
Алыдж Шащlэ.
Comments
Post a Comment