Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий итхылъ "Адыгэ Хабзэ" фэгъэхьыгъэ тхыгъэ - Алыдж Алик Шащ.э

 


Адыгэ хабзэ" тхыльыр зэрыщыту къизгъэзэгъащ. Си гупэ хъунт феджа и ужь къызэрыфщыхъуар къэфтхыжамэ. Мыр уасэшхуэ зиlэ лэжьыгъэщ. Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий Адыгэ хабзэр апхуэдизу шэрыуэу, пэжу, lупщlу зэрыдигъэлъагъужыфамкlэ и цlэр мыкlуэдыжын ищlащ. Бэрэсбий и япэ тхылъым, "Адыгский этикетым", хабзэм къыхэкl ди  зэхущытыкlэхэр щыдигъэлъагъужащ. Адыгэ къафэм теухуам ("Черкесское игрище") щыдигъэлъагъужащ лъэпкъым гуфlэгъуэр зэриlэт хабзэр, лъэпкъым гуфlэгъуэр зэриlэпэгъур. "Антропологие морали" тхылъым моралыр зи щlысыр щызэпкъырихащ. Лэжьыгъэ къыдэмыкlауэ иlэхэми (томищ хъу тхылъ щыlэщ къыдэмыкlауэ), адрей езым къыдигъэкlахэри, и сатьяхэри зэхуэхьэсыжауэ къыдэгъэкlын хуейщ. Мыхэр зэлlэлlэн хуей lуэхушхуэщ, дэlэпыкъуэгъуи дыхуэныкъуэщ. 

Иджы а къэралыгъуэм и лъабжьэу щыта идеологиер, Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий гупсэхуу зэпкъырихыжа адыгагъэр аращ. Сыт хуэдиз зэманкlэ дымыпсэуами, дэ, адыгэхэм, лъэпкъ идеологие дыхуей хъунукъым адыгагъэр хыфlэдмыдзэм. 

Унитар зэхэтыкlэу, зылl и унафэкlэ, е цlыху гуп я жэрдэмкlэ къызэгъэпэща хъуа къэралыгъуэхэм нэхъыбэм цlыхур ящогъупщэжри къэралыгъуэр нэхъапэ ирагъэувэ. Къэралыгъуэм и мурад нэхъыщхьэуи, и плъапlэуи щитын хуейр цlыхумрэ, ар зэрытыншын, и хуитыныгъэр хъума зэрыхъун хуей lуэхумрэщ. Мы къэлэныр хуиту игъэзащlэрт адыгэ къэралыгъуэм, урысым ттрихыху ди хуитыныгъэр. Мыхуэдэу зэхэтыкlэм и лъабжьэу щытар адыгэ хабзэр арат.

Мыбы хуэдэ зэхэтыкlэ яlащ адыгэхэми, азгъэхэми, адыгэм къыlэпахауэ шэшэнхэми, адрей ди гъунэгъухэми, урысейм иубыду мыпхуэдэ я зэхэтыкlэр ихъуэжыну къеныкъуэкъу щlидзэхуи, щlидза и ужьи.  
     
Ноби Урысейм мыр зэрихъуэжыну "идеологие" жыхуаlэм хуэдэ иlэкъым - зэриукlын къару иlэщ. Псалъэм и хьэтыркlэ, 1864 гъ. къэсыхуи, абы и ужькlэ лъэпкъыр и Хэку щlырихуари аращ, ноби и урысыбзэр лъэпкъым къыхипщэу и анэдэлъхубзэр  щlэблэм къаlуричу игъэкlуэдынуи щlыхущlэкъури аращ, ауэ урысым, къарукlэ ар хузэфlэкlынуми, иделогие зэризэтригъэувэн иlэкъым, къарум къыщынэмыщlа. 

Адыгэ лъэпкъыр цивилизацие щхьэхуэщ, адыгэм зэригъэпэщауэ, ауэ нобэр къыздэсым империем дунейм трихужыну къеныкъуэкъуу. Империем икъутащ а цивилизацием и пкъыр, ауэ и купщlэр - Хабзэр - хуэмыгъэкlуэдауэ псэущ. 

Хьэлэмэтыр аракъэ, европей къытхыхьэхэм яlуатэрт: зылl lэщэншэу яхэткъым, икlи конфликт ар къыщагъэсэбэпын хуейр дэтхэнэ къэралыгъуэми елъытауэ мащlэ дыдэщ! - жalэу! Урысым диубыду lэщэр залымыгъэкlэ дгъэтlылъын хуейуэ къытпиубыдыху ди фащэр зетхьащ. lэщэр зыкlэрытхын хуей хъуа и ужьщ фащэр щыщытхыжар. 

 Аргуэру, (мыбы хуабжьу мыхьэнэшхуэ иlэщ!!! ) 
 
Урысым диубыдыху зы адыгэ лlакъуэм щыщ зы куей "тутнакъ" - жыхуаlэ къэхъугъэ итакъым! Тхыдэр щыхьэтщ! 

Жылэхэр зэшхуэ-зэес жыхуаlэм хуэдэу зэдэпсэут. Къулей дыди, кълейсыз дыди яхэмыту. Зыхузэфlэмыкlхэм псори дэlэпыкъуэгъу яхуэхъут зэры-жылэу. Мыр зезыгъакlуэри начальниктэкъым, судтэкъым, мылицэтэкъым - мыр зезыгъакlуэр  ЕМЫКlУ, ЦlЫХУГЪЭ, АДЫГАГЪЭ- зыхужаlэ къэхъугъэхэр арат!

Апхуэдэ зэхэтыкlэкlэ псэу адыгэхэм къэрал гъунапкъэ гъэбыда иlэтэкъым. 

Нобэ адыгэ лъэпкъым тутнакъыу итым, урысей псом и гугъу умыщlми, ягъэлъагъуэ дэ ди хуитыныгъэр "зыдынэсар".

Урысым диубыду, езыр зыхуей макъамэр и пшынэм къригъэкlыу иригъэжьэху, дэ дунейпсом щапхъэ хуитыныгъэкlи, теплъэкlи, зэхэтыкlэкlи дахуэхъуу дыкъэгъуэгурыкlуащ, ауэ урысым диубыда и ужьщ ди унагъуэбжэр хуэтщlыжыну щыхуригъэжьар. Идеологие, къэралыгъуэ зэхэтыкlэ ткlий: нэхъ мащlэ гупым пащтыхь псэукlэ яlэу,  абы я пщылlу - адыгэ лъэпкъыр  дигъэуващ, хуитыныгъэ псом нэхърэ дгъэнэхъапэу дгъэлъапlэ дызэрызэхэтыр къыджьэдитхъри! 

Иджы зэвгъапщэ диlа къэралыгъуэмрэ диlэмрэ дэтхэнэр нэхъыфlми.

Пэжщ НТП - м къыдэкlуа зэхъуэкlыныгъэхэр имприем и фlыщlэу егъэувж, ауэ абы къихькъым щапхъэу бжэн зыгъэхъуу пшахъуэм хэса лъэпкъым илъэс тlащlырыпщlым зыри щlэмыхьэжыну зэрызыричар. НТП-р къэзышэр зиусхьэн "случай" - жыхуаlэмрэ къызэгъэпэщакlуэ гупсысэ зыбгъэдэлъ лъэпкъ унафэщlымрэщ, мыхъу икlи зауэкъым, икlи дыгъуэ-гъуакlуэ унафэщlкъым. 

Лъэпкъ хуитыныгъэр цlыху закъуэм хуэдэщ. Дэ урысейм дызэриубыдрэ ди хуитыныгъэр хэхъуакъым, кlэрыхуа  фlэкlа. Хэхъуащ ди щlэныгъэм, НТП-м, ауэ ди хуитыныгъэр урысым щleлъхьэж, ноби хуэумыукlауэ. 

 Мыпхуэдиз щlэстхым и щхьэусыгъуэр фи пащхьэ итлъхьэ Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий и "Адыгэ хабзэ" тхылъырщ. Нобэрей зэманым адыгэм и зэхэтакlэр иубзыхуу  дунейм къытехьакъым тхылъ, Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий и "Адыгэ Хабзэм" хуэдэ, абы lупщlыу темэр зэрызэпкърихыр, и мыхьэнэр пхуэlуэтэщlынкъым. Адыгэ Хабзэм куэдым зрапщытащ, ауэ Бэрэсбий хуэдэу захуэу, пэжу ар зыми къызэкlуэцlихыфакъым (ещхьэркъабзэу я къежьэкlэкlи зы "Амыстэ кябз" хужаlэу азгъэхэм зэрахьэри зэпкъырихауэ щыlэщ Инал-Ипэ!) 

Адыгэ Хабзэр къыщежьар бгъэнэхуэну гугъу дыдэщ, ныбжьышхуэ иlэм къыхэкlыу, ауэ ар лъэпкъым зэрихъумар телъыджэщ. 

Империер къыттемыуэ и пэкlэ Хабзэм лъэныкъуищкlэ лъэпкъым и гъащlэр иубзыхуу щытащ: 
1) этикэ-право и лъэныкъуэкlэ(иджы "закон" хужаlэу яуцlырхъхэм хуэдэу); 
2) обряд и лъэныкъуэкlэ (гущэхэпхэ, тхьэлъэlу хуэдэхэмкlэ);
3) цlыхухэм я зэхущытыкlэ, нобэ Хабзэ (этикет)хужытlэу ди lэнэ бгъэдэсыкlэ, гъуэгу тетыкlэ, хьэщl егъэблэгъэкlэ жыхуэтlэхэмкlэ. 

 Мыбыхэм яубзыхут адыгагъэм и lыхьтхури:
1) Цlыхугъэ, 
2) Нэмыс, 
3) Акъыл, 
4) Лlыгъэ, 
5)Напэ.

Мыхэр лъэпкъым яхэлът куууэ, ауэ ткlиищэу Хабзэр зезыхьэр Уэркъыр арат. Мыращ щlыжаlари: "уэркъыгъэр дэгъэзеигъуэ задэщ! "

Империем дызэхикъутэу, ди Хэкур къыттрихыу, ди щlым дыкъырихуу, ди Хабзэм ипlэкlэ езым ей бзаджэнэджагьэхэр къыдипхыу иригъэжьа и ужь Хабзэм игъэзащlэ къалэнхэм щыщу япэр - этико-правовой жыхуэтlэр, нобэ закон зыфlащахэр Хабзэм lэщlыб ирагъэщlа щхьэкlэ, псори яхуэгъэкlуэдакъым ЭТИКЕТ -м хэту, этикетыр нэхъ лъэщыж ищlыжауэ ихъумащ лъэпкъым.

Иджы Бэрэсбий и лэжьыгъэр адрей Хабзэм тетхыхьа псоми, Мафlэдз Сэрэбии, Мэмхэгъ Раи, адрейхэми, урысыбзэкlэ тетзыхьахэри яхэту, зэпкъырахыфакъым, Бэрэсбий хуэдэу lупщlу, гурыlуэгъуэ и зэхэлъыкэкlи, игъэзащlэ къалэнкlи!
  
Адрей псоми ялъагъут Адыгэ Хабзэр фlыуэ, цlыхугъэшхуэ зыхэлъ къэхъугъэу лъэпкъым зэрызригъэпэщам, ауэ теорием, псом хуэмыдэу этнопсихологием и хабзэхэмкlэ ягъэлъэгъуфтэкъым гуп зэхэтыкlэм и дежкlэ нэхьыщхьэу щыт  АДЫГАГЪЭ - жыхуэтlэжыр!   

Хабзэ куэд тетщ дунейм, ауэ адыгагъэ яхэлъкъым икlи яхэткъым. Адыгэм Хабзэ щlызэрихьэжыр адыгагъэр аращ.  Адыгагъэр зи щlысыри, хабзэм дауэ хэувэми Бэрэсбийщ lупщl дыдэу дэзыгъэлъэгъужар! Мыбыкlи ищlащ абы и цlэр мыкlуэдыжын ищla къудейкъым, Дунейпсо этнорсихологием хигъэувэжащ Адыгагъэр зы щхьэкlэ къыхэлыдыкlыу - мыращ Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий адыгэ лъэпкъым хуилэжьауэ дызэрыгушхуэр, адрей хузэфlэкlахэм къадэкlуэу. 

Нобэ Хабзэр псэумэ зи фlыщlэр адыгэ цlыхухэрщ, ауэ Хабзэр тлъагъумэ зи фlыщlэр Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбийщ:))) 

Мыр телъыджэщ. Лъэпкъ хабзэ куэд щыlэщ, ауэ Адыгэ Хабзэм хуэдэу цlыхугъэр зыхъумэ уигъэлъыхъуэнщ. Японхэм яlэщ мыбы ещхь икlи ар хъума хъунымкlэ къэралым зыщlигъэкъуауэ производством яхьауэ щыlэщ, псэущ. Дэ и Хабзэри псэущ, ауэ къэралым зыкъыщlигъэкъуэным и пlэкlэ зэриукlын lэмал къелъыхъуэ. Мыращ нобэ Егъэн Ибрахьими, адырей щlaлэхэми, хэбгъэзыхьым дуней псом щыщ куэд, Пол Гобл сыми яхэту, лъэпкъым и пщэдейм щlигъэпlетейри. 

"Адыгэ Хабзэ" тхылъыр Бэрэсбий,  нэхъыбэм къагурыlуэнщ, жиlэу урысыбзэкlэ наукэм терминологиехэр къигъэсэбэпу  итхащ. Зэрысхузэфlэкlкlэ терминхэр зэздзэкlащ, зэзмыдзэкlыу къыхэзнаи щыlэщ. 

Хабзэр мыкlуэдауэ лъэпкъым ехъумэ. 

Нобэ хабзэм зыужьыныгъэ дахэхэр лъэпкъым иригъэфlакlуэу хилъхьэфынут, и пlэр иригъэубыдыжу, ауэ...




Comments