Лъэпкъыр и бзэм теукIытыхьыжыным и щхьаусыгъуэр (зэрипэсыжкъым жыхуаlэр)

 


Ди хэкур якъутэу ди лъэпкъыр зэбгырахуа иужь  Кавказым къина адыгэ тIэкIум мыхьыр ирагъэхьащ, жылагъуэ зэхэтыкIэр ‐ Хасэхэр, ПэкIухэр (гражданское общество жыхуэтIэр) зэхыхьэну, ифIыр хихыжыну  хуитыжакъым, хейящIэхэри щыIэжакъым, щIыгур щытрахым адыгэш цIэрыIуэхэри, мэл лъэпкъыфIхэри мащIэ хъуащ, хэти кIуэдыжыпащ.

Ауэрэ адыгэ хьэщIэщхэри абрэдж тIысыпIэщ жаIэурэ къыпаубыдурэ кIуэдыжащ, Ермэлоф лIыукIым бжыщхьэзэрынэ зыхуищIа адыгэ хабзэу зым и быныр адрейм ипIу быф ‐ быфыкъуэ ‐ быф адэ, пIур (къан) жыхуэтIэхэри кIуэдыжыпащ, адыгэ цейри  къамэр зэрыкIэрылъыр къыхуамыдэу ахэри зыщахыжащ.

Нэхъ мыкIуэду къэнар бзэрат, ауэ япэ еджапIэхэр (школхэр) хэкум къыращIыхьын щIадзэри зы тIэкIурэ адыгэбзэкIэ щIэныгъэхэр (предметхэр) яджу екIуэкIащ ебланэм нэс, итIанэ етхуанэм къехащ, иужькIэ 60 гъэхэм псори урысыбзэм хуагъэкIуэжащ. Абы щыгъуэ адыгэ сабийхэм яфэм икIар пхужыIэнкъым, хамэбзэ ямыщIэмкIэ дерсыр яджу жэуап ятыжын хуейуэ. Сабийгъуэр цIыкIум и псэр шынэу гузавэ щиIэ зэманщ, бзэ имыщIэмкIэ хамэ цIыху ‐ егъэджакIуэм жэуап и пащхьэ щихьыжын хуейщи щыуэмэ къытегуэуэнущ, къытегубжьэнущ, къеуэнкIи хъунущ, мис а гузавэр хэкум цIыхуу исым ягъэващ (стресс ягъуэтащ).       
         
Сэ а зэманым урысыбзэр сщIэмэ нэхъ насып щымыIэу къысщагъэхъуащ. Сабийпсэр зэрыгузэвам сыт кърикIуар жыпIэмэ, псэм къигузэвар я гущIэм итIысхьати езыхэр ин хъуыуэ унагъуэ щыхъужым "блэр зэуар аркъэным щощтэ" жыхуаIэрати я щIэблэм нэхъ щIэхыIуэ хамэбзэр къырагъэщIэным  хущIэкъу хъуащ (адыгэбзэкIэ емыджэфми ядэу), ауэрэ кIуэурэ 90 гъэхэм дыкъэсу Хасэр лъэщу къэунэхуа иужь - "пэщIэдзэ еджапIэр адыгэбзэм тедывгъэхьэж" ‐  щыжытIэм щыцIыкIум зи псэр ягъэгузэва адэ‐анэхэр яфIэмыфIыщэурэ техьэжащ, ауэ щIэх дыдэу щIэныгъэ Iуэхур зезыгъакIуэ тетхэм я зэран хэлъу къытекIыжащ, хасэри ираудыхати зы цIыхуи къэувакъым ар ямыдэу, мис а гузавэр я гум къинати.    
              
Мы псори щIыжытIэр нобэ дызыхуэкIуаращ, иужьрей илъэс зытхухым къыриубыдэу цIыкIухэр адыгэбзэкIэ мыпсалъэж хъуащ, а псынщIэу я быным урысыбзэ къезыгъэщIэну хэтахэри къэгузэващ я къуэрылъху,  пхъурылъхухэр иджы къызэрепсалъэр  урысыбзэщ, бзэм и Iуэхур икIэм нэсу аращ. Лъэпкъым и псэр и зэхэщIыкIыр бзэм епхауэ зэрыщытыр, зи бзэр ныкъуэ хъуам и щхьэри ныкъуэ (лъэпкъ зэхэщIыкIыр абы зэрелъытар) зэрыхъум, урыс школым ар зэрыщагъэкIуэд Iэмалхэм и гугъу тщIын ипэкIэ ди бзэр зэрыкIуэщIам зэ дыриплъэжынщ. 

Ди тхыгъэм ипэм щыжытIат бийм дунейр къыщыттрикъутэжым мыкIуэду ди бзэр къытхуэнат жытIэри, псори ттрахами бзэр къытхуэнат, ди  унэм къыщIыхьэу бзэр къытпаубыдтэкъым, ауэ радио, телевидениер къежьэри хамэбзэр ди унэм щIэз хъуащ, ди жьантIэм къыдэтIысхьащ. Мыбыхэм ди бзэр яхъумэнут ди бзэкIэ нэхъыбэрэ псалъэу щытамэ, ауэ "Iум  ирагъаткIуэ" жыхуаIэм хуэдэу зы мащIэ дыдэщ ди бзэм хухэхар, ар апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэр лъэпкъ хуитыныгъэм епхащ.   
             
Бзэм ехьэлIа псори нэхъыщхьэщ, ауэ иджы нэхъыщхьэжым и гугъу тщIынщ. 
 
ЦIыхур зэ зэхихам тету, ар къызыбгъэдэкIар имыщIэжу, ауэ ар езым и дуней еплъыкIэ игугъэжу (зимыщIэжу) апхуэдэу щытхэр зэрытщIэщи куэд мэхъу, урыс школым и щхьэм къыралъхьа пропагандэм  щхьэкIэ ‐"ар сэ си дуней еплъыкIэщ"(си мнениещ) жиIэу. АбыкIэ зиумысыжыну щIыхуэмейр къызыхэкIыр цIыхум и щхьэзыфIэфIыныгъэмрэ зызэримыщIэжымрэ епхащ, а и гупсысэкIэу къыщыхъужыр къыздикIамкIи зиумысыжыфкъыми аращ. Мыр щIыжытIэр ди бзэм еджапIэм къыщылъыс зэманымрэ ар щIэныгъэм (научный предметхэр) къыпыIуагъэкIуэту литературэмрэ граматикэмрэ джыным зэрыхуагъэкIуар мардэу (нормэу) къащыхъуу цIыху куэд къытхэтщ.  

НытIэ илъэс пщыкIузым къыриубыдэу еджапIэм  дызэрыадыгэм дригушхуэну зы псалъэ щызэхэтха ? Адыгэр Iейщ жиIэу зыгуэрым къыбжиIэу е тхылъым иратхауэ аракъым, ауэ щыIэщ Iэмал (технология) "уэ зыми уриIыскъым" жиIэу къыпщигъэхъуфыну, ар къызэрыхъури мыпхуэдэущ:  

Япэрауэ узыубыдам и бзэр сыхьэт бжыгъэ куэду, уэуейр мащIэ дыдэу программэ егъэуври "зи гупкIэ уисыр"‐"кто в доме хозяйныр" къуегъащIэ (ар еджакIуэ цIыкIум зэригъэзахуэфрэ ?). 

ЕтIуанэрауэ щIэныгъэм уи бзэр къыпыIуегъэкIуэтри  къэкIыгъэхэм (ботаникэ), Iэпкълъэпкъым (анатомия), хьэпщхупщхэмрэ псэущхьэхэмрэ (зоология), щIы напэр(география), есэпыр (математика), нэгъуэщIхэри, кIэщIу жыпIэмэ щIэныгъэм епха ижь‐ижьыж лъандэрэ дыкъэзухъурейхь дунейм дызэрепсалъэ цIэхэр (терминхэр) цIыкIум щегъэпщкIу, ар ди бзэм хэмыт хуэдэу къыфIегъэщI.

Абдежым удыным я нэхъ иныр цIыкIум къытохуэ ‐  иреудых, и щхьэм мыгъуагъэ хурегъэхьыж, гузэрыдзэ ирегъэщI, и бзэм а псалъэхэр хэмыту (фIэтхьэмыщкIэу) къыфIегъэщIри абы теукIытыхь мэхъу, зэрыадыгэм ириукIытэжыныр адэ и гущIэм (подсознанием) кууэ йотIысхьэ, дунейм епсалъэфкъым, зыфIэцIыкIужыныр, зыфIэIейжыныр (комплексхэр) абдеж къыщожьэ, зыри зимыIэу къызыфIагъэщIыжа цIыкIум псори зиIэу къыфIагъэщIа хамэбзэр (урысыбзэр) фIэдахэу, фIэину а лъэпкъым ехъуапсэу, абы щыщу зилъытэжыну хущIэкъуу мэхъу.

АдэкIэ апхуэдэ цIыкIум сыти къыхэпщIыкIыфынущ ‐  материалыр хьэзырщ, апхуэдэр езым еймрэ хамэмрэ зэхимыгъэкIыжыфу къонэ. Бзэм хуэдэ къабзэу и лъэпкъым и хабзэри и тхыдэри ирагъэджкъыми ищIэкъым (щагъэпщкIуащ) и дахагъэр зэхищIэкъым, абы къыхэкIыу и лъэпкъым иригушхуэфкъым, дызыукIахэм, ноби дызыгъэкIуэд къэралым иригъэкIуэкI пропагандэр и щхьэм итIысхьащи абы и къапхъэным къикIыфкъым.  

ПхужыIэнкъым хуитыныгъэр зыфIэкIуэда лъэпкъым и щхьэм мыгъуагъэу кърикIуэнур зыхуэдизыр, тхьэм гущIэгъу къытхуищIи фIыкIэ ди Iуэхур Тхьэм тхузэридзэкI.   
    
Мэш Исмел (Псэбыдэ Нартыгу)



Comments