ШэкIогъум и I4-м, 2024-рэ илъэсым, Адыгэ Республикэм щыщ Адыгэ лъэпкъ Iофлэжьэу, игъашIэ Адыгэ лъэпкъым ифитыныгъэхэм афэбанэу къазыхьыгъэ лIыхъужъэу ШашIэ Аслъан дунем ехыжьыгъ. Аслъан фэгъэхьыгъэу Къэбэртае-Бэлкъар республикэм щыщ Адыгэ лъэпкъ Iофлэдьэу Алыдж Алик Шащ.э мыр итхыгъ:
Шащlэ Аслъэн 1953гъ. Бжэдыгъу къалэ и lэшэлъашэ Пашковский станицэ япэу къэзакъхэр къызэрытlысхьам къыщалъхуащ.
И адам и lэщlагьэм и сэбэпкlэ щlыпlэ куэд къызэхикlухьащ. Кубан къэрал университетым и филолог факультетыр къиухащ. Район газетхэм, "Адыгэ макъ" газетым щылэжьащ. Нэхъ кlасэу Къуиикъуэ Нальбий и гъусэу "Гъуазэ", " Адыгэ Хасэ" газетхэм щылэжьащ. Хасэр зэбгырахуа и ужь "NatPress.ru" газетыр къызэlуихащ. "Regnium", "Кавказский узел" газетзэм ядэлэжьащ. "NatPress.net"-р властым зэхуищlыжа и ужь "NatPress. ru" къызэlуихащ. Ари зэхуащlыжащ. Итlанэ "NatPress.ru.ru" кьызэlуихащ. Аргуэрыр ямыдэу холдинг ищlащ. Лъэпкъ зэгухьэныгъэ «Черкесский конгресс» къызэригъэпэщат интернет сайт дэщlыгъуу. И газетхэм я макъыр дунейпсо адыгэм ялъэlэст лъэпкъым къыпэщылъ lуэхугъуэхэр и щхьэ течауэ къиlэтт, хъарзынэу и бынхэм я унагъуэхэри зэтеуват, ауэ и узыншагъэр пэлъэщыжакъым...
Сирием зауэ къышагъэхъеям зэхэзехуэн ящlа адыгэхэр Хэкум къэшэжын папщlэ пикет иращlэкlри, плакатхэр яlыгъыу зэхэтат! Езэштэкъым. Лъэпкъ lуэхур и гум хэлът!
Нэхъ кlасэу институтым ирагъэблагъэри абы щылэжьащ нобэм къэблэгъэху.
Институтыми щlырагъэблэгъэн къызыхэкlар къиlэт проблемэхэр арат. "Наукэм пыщla темэ гуэрым етпхмэ лъэпкъ проблемэ къиlэтхэр нэхъ кlащхъэ ищlынщ"- жаlэри арат щlырагъэблэгъари. Ар дихьэхт адыгэм и нобэрей гъащlэм къыдэкlуэy адыгэбзэм и этимологием, нартхэм я тхыдэм. Статья хъарзынэхэр, купщlафlэхэр къытридзэрт. Апхуэдэ щlыкlэу ди нобэм теухуауэ къиlэт lуэхугъуэхэр lэщlыб зэрырагъэщlын lэмалу къагъэсэбэпат институтым зэрыщылэжьэнур. Хэбгъэзыхьым, нэхъ пасэу итхауэ щыта и усэ тхылъ цlыкlу къыхудагъэкlaт и пьесэ зыбжани иту. А тхылъ цlыкlури къысхуригьэхьауэ щытащ.
"Уэ сыти щlэ, ауэ льэпкъыр хъумэным, лъэпкъым зегъэужьыным пыщla lуэху зомыхуэ!" - арат Аслъэн унафэщlхэр къазэрыхущытым къикlыр!
Зэ, Къэбэрдейм къэкlуауэ, "Къетыкъуэ тlуащlэм сыкlуам си гуапэ хъунт!"- щыжиlэм, дыкlуэри зэригъэлъэгъуат адыгэ пщы-уэркъхэр щыхэкlуэда щlыпlэр.
Жиlэрт: "зэ хуит дыхъужым ди ныбжьыщlэхэр Къэбэрдейм къэдгъэкlуэнщ, фыфейхэр ди деж нэвгъэкlуэнщ хэхауэ диалект зэщхьэщыкlыныгъэхэр зрагъэщlэн папщlэ. Бзэр ди щlэблэм хуиту яlурылъым лъэпкъ лъэрызехьэу дызэтеувэжынущ!"
Хуабжьу зэхищlэрт цlэ щхьэхуэ димыlахэр къытфlищыжауэ империем дызэрыхигъэгъуэщэжыну къызэрыдэныкъуэкъур.
Ялейуэ гуауэшхуэщ Аслъэн хуэдэ гупсысэ зиlэу лъэпкъым телажьэ интеллигентхэр зэрытхэукlуриикlыр. И ныбжьыр илъэс 71 хъуауэуэ арат. Бетэмал, сыту хэкупсэ цlыху тфlэкlуэда... И щхьэгъусэми, и щlэблэ къыщlэувами гуауэшхуэр псынщlэ ящищlыну Тхьэм солъэlу.
Алыдж Алик Шащ.э
Comments
Post a Comment