Адыгэм иджыпстукIэ хэку диIэкъым, хэкукIэ дызэджэр зейр нэгъуэщI лъэпкъщ.
Хэку зиIэр сыхьэтиткIэ тхьэмахуэм и бзэр ирамыгъэджу и бзэкIэ йоджэж и бзэкIэ мэпсэу, и бзэр кIуэдкъым, ар къэзыхъумэн хабзэхэр а щIыпIэм къыщызэгъэпэщауэ щытщ;
Хэку зиIэм и щIэблэр зыщIипIыкIын мултфилмхэр, кинофилмхэр ещIыф, радио, телевидениер мы зы сыхьэту суткIэ псокIэ и бзэкIэ мэлажьэ;
Хэку зиIэм и пашэр езым хехыж нэгъуэщI гуэрым къыхуигъакIуэкъым;
Хэку зиIэм "зауэм" зауэкIэ еджэм ягъэтIыскъым;
Хэку зиIэм и къуэш и шыпхъухэр дунейм текъухьауэ хэку щIэлIэу псэукъым;
Хэку зиIэм зи псэугъуэ, зи насып къэкIуэгъуэ щIалэу минитI зыгуэрхэр фIащурэ щаукIкIэ хэкур къыщхьэщож;
Хэку зиIэм илъэсищэкIэ хуитыныгъэм щIэзэуа адыгэ лIыхъужьхэм я цIэхэр уэрамхэм, еджапIэхэм фIащ Суворовым, Киров хуэдэхэм япIэкIэ.
Дэтхэнэр жыпIэн, зытщIэжамэ, зытцIыхужамэ дызэрыщытын хуейри тщIэжынт.
Ауэ сыт, адыгэм зэрыжиIауэ ‐"Зэрыщытыр зымылъагъум зэрыщытын хуейр илъагъунукъым".
Псэбыдэ Нартыгу
Comments
Post a Comment