Албанием и къалащхьэ Тиранэ къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къэхьыным теухуауэ абы щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэ Гъуэныбэ Iэуес япэ увыпIэр щиубыдащ.
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту килограмм 87-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ ди щIалэр зэпеуэм и кIэух зэIущIэм щыхуэзащ Нидерландым щыщ Стеркенбург Марсель икIи и IэзагъкIэ фIыуэ ефIэкIыу дыщэ медалыр абы къыфIихьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи, зи ныбжьыр илъэс 23-м щIимыгъуахэм я зэпеуэу, иужьрей илъэситIым екIуэкIам Гъуэныбэр зэкIэлъыпыту тIэуней щытекIуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек гулъытэншэу къигъэнакъым ди щIалэм и ехъулIэныгъэр: «Сохъуэхъу Гъуэныбэ Iэуесрэ ар зи гъэсэнхэмрэ, текIуэныгъэщIэхэмрэ зэфIэкI инхэмрэ спортым щаIэну си гуапэщ», - щитхащ езым и телеграм-каналым республикэм и лIыщхьэм.
Хьэщыкъуей Олег - apkbr.ru
Comments
Post a Comment