Пщэдей махуэ гуауэ, махуэ хьэлъэщ

 


Адыгэм ди тхыдэр хуиту дджыжу дыкъэгъуэгурыкlуауэ щытыгъам жэпуэгъуэм и пщlыр нэхъ махуэ фlыцlэ дыдэу дигу илъынт, ауэ сыт тщlэн? Тхыдэм, зэрыжаlэщи, сослагательнэ наклоненэ иlэкъым. Мы махуэр зэрыгуауэр зэры-махуэ хьэлъэр тщымыгъупщэу, фlым ди гур етауэ дыпсэун хуейщ империем и пропогандэ ди бзэри, ди адыгагъэри, ди тхыдэри, къытlурызычыну зи гуращэ шовинистхэм я нэхейкlэ. 
    
Къетыкъуэ тlуащlэм я псэр щатащ адыгэ уэркъ, лlакъуэлlэш, пщы Къэбэрдейм исам я нэхъыбапlэм: 
"Дунеижьым щыдгъэщlэжынум дыхулlэ, 
Напэ диlэу дэ дызэрылlэнур нэхъыфlщ"
- жаlэри, зауэм хэтауэ зы псэ псэууэ къэмынэу хэкlуэдащ. Зыми зитакъым, уlэгъэ хъуауи къелакъым. Мыпхуэдэ бгъэдыхьэкlэ гъащlэм хузиlэ лъэпкъыу дунейм тетыр lэпэкlэ къыпхуэбжынущ. Мыпхуэдэр къыщежьари, "зыгъэпсэури" Адыгэ Хабзэрщ. Мыр делагъэу зылъытэ лъэпкъ lэджэ тетщ мы дуней, а урыс дыдэхэри яхэту. Ауэ сыт худиlуэху дэ нэгъуэщl лъэпкъхэм я зэхэтыкlэм?! Дэ дызэрызэхэтын хуейри, тхъумэн хуейри ди адыгэпсэр, ди адыгагъэрщ. 
      
Тхыдэм фlыуэ щымыгъуазэу жызыlэн бгъуэтынущ Къетыкъуэ туащlэм адыгэпщ, лъакъуэлlэш, уэркъ псори щыхэкlуэдауэ. Мыр пэжкъым. Я нэхъыбапlэр щыхэкlуэдар пэжщ, ауэ псори щыхэкlyэдакъым. Псалъэм и хьэтыркlэ Жэнхъуэт Кушыку хэтакъым зауэм. Уэрэдми ар къыхощыж:
"Къэбэрдейр Жэнхъуэтыпщым федаlуэкъым:
Фи lэмыщlэ къимыхуэххэнум фыщlокъу, 
Къэралыжьым фэ феныкъуэкъункlэ фымащlэщ."

Щlыхэмытари хуэмыхуу аратэкъым, атlэ Къэбэрдейм къыпэщlэува къарум и инагъымрэ езыр зэрыхъужыр зыхуэдизымрэ lупщlу илъагъурти арат. 
     
Къетыкъуэ тlуащlэм щекlуэкlа зауэми, абы и пэ мазиблкlэ къэбэрдей адыгэхэм лъыкl-псыкlыр къызэрыхуегъэкlуами тетхыхьын тхыдэлl диlэкъым, Сокъур Валерэ и гугъу умыщlмэ. Мэрзей Аслъэнбэч и цlыху щlыкlэкlэ хъунут, гуи кlуцlылът, икlи лъэпкъыпсэт, ауэ зэхэзехуэн власт напэншэм ищlахэм хэхуащ, и сабиигъуэри, и балигъ хъугъуэри хамэ щlыпlэ щызэтеуващ, абы къыдэкlуэуи бзэр шэрыуэу игъэбзэрабзэркъым. Мыпхуэдизу урысыбзэм lурацlэлъа лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэкlэ тхыдэ темахэр зэпкъырапхын дэнэ къэна, уи гупсысэр хуиту пхуэмыгъэлъагъуэу lэнкун уещl. Нэгъуэщl щlaлэхэри, Кхъуэжь Заури, Ало Темыри, нэгъуэщlхэри щыlэщ, Тхьэм и фlыщlэкlэ. 
     
Тхыдэ хьэлъэ дыдэщ дэ, адыгэхэр, дыкъызырикlуар. Урысым и мэсхьэбым дригъэхьэну къызэрыдэныкъуэкъур ноби зэпыуакъым. Ди къэралыгъуэри, ди щlыри ттриха щхьэкlэ зимыумысыжу ноби зэпымыуауэ къыдоныкъуэкъу ди бзри ттрихыну. Абы дэрэжэгъуэшхуэ къариту дэмылэжьауэ зы лъэпкъ унафэщl  e - ХХ - нэ лlэщlыгъуэми, ноби къытщхьэщагъэувакъым, дэ хэтхыжынуи дыхуитакъым. Лъэпкъым щыщ куэдми урысыбзэм зыдащlу щlадзащ. Иджысту украинэм ирих лейр мыхъуатэмэ адыгэ тхыдэм и пэжыпlэм гу лъатэххэгутэкъым, ауэ зэманым уи пащхьэ къригъуэвэнур лъытэгъуейщ. Дэ щlэтлъхьэж хъунукьым хуитыныгъэ дызэриlэн хуейр, ди къэралыгъуэ ди Хэку зэрыщыдухуэжын хуей гупсысэр икlи абы дытелэжьэн хуейщ. 
    
Къетыкъуэ тlуащlэм къыщытлъыса гуауэшхуэм пыщlауэ иджыри зы lуэхугъуэ и гугъу сщlыну сыхуейт. Ар зытеухуар мы сурэтым ит кхъэ хэсэр арат. Мыр илъэс зыбжанэ хъуауэ ямыгъувауэ щылъщ. И щхьэусыгъуэри тетхар аращ. Мис ар:
"Дунейжьым щыдгъащlэжынум дыхулlэ,       
Напэ диlэу дызэрылlэнур нэхъыфlщ 
Хэкурэ Хабзэрэ папщlэ напэм ипэ псэр ихуэ жызыlа лlыхъужьхэм я фэеплъщ        
1779 гъэм жэпуэгъуэм и 10‐м Урыс империем и дзэ фlыцlэм езауэу мыбдеж щыхэкlуэдащ адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ Къэбэрдей пщы‐уэркъыдзэр"
    
Мыбы ущlэшынэни, ущlэукlытэни хэмылъу пэжщ тетхар, ауэ чиновник къыттрамыгъэувэуэ, дэ тедгъэувэжа диlэу дыгъуэгурыкlуэу дыпсэуамэ пэжыр жыlэфынут. Мы дунейм сыт щыlэ пцlы нэхъыкlэ?! Ди кьулыкьущlэ тхьэмыщкlэхэми я шэнт хуабэр зэрахьумэр аращ - пцlыр аращ. 
    
Къетыкьуэ тlуащlэм и бжьэпэм Гъукlапщэ Арсен и абстракцэ гъэщlэгъуэн тргъэуващ. Ауэ Мэш Исмел и жэрдэм зыхэлъ сынри, яхуэфащэм имызакъуэу, пэж дыдэр зыlуатэщ.  Абы хуекlуэм, адыгэ уэрэдыжь джэгуакlэхэм яусыжа "Жэщтеуэр" щхьэ жрагъыlэрэ? Хьэмэрэ, щхьэ къагъэхъуха а зауэ бзаджэнаджэр??? Мыбы игъэлъагьуэр власытр дэ хэтхыжыну хуитыныгъэ дызэрымыlэм и закъуэкъым, къыттрагъэува властыр зэрыкъэрабгъэр аращ.

Алыдж Алик Шащ.



Comments