Урысейм и lуэхузехьэхэм къэлэнышхуэ къалъыкъуэкlащ

 


Урысейм и lуэхузехьэхэм къэлэнышхуэ къалъыкъуэкlащ: Адыгэ комитет, Адыгэ конгресс, Черкесие хуит, Черкесие хуитым и упщlэжэгъухэр, Куржым щыщыlэ адыгэ культурэ утыр хабзэм къемызэгъыу къилъытащ. Ар сыт хуэдэ хабзэм ара зэмызэгъыр??? Дауи езым игъэува хабзэр аращ.
     
Сыт хэкlыпlэу иlэр мыбы? 
     
Къызэрыгуэкlщ, ауэ империем и жьэгъум щlэзагъэркъым. 

Щlыщlэмызагъэр империем ноби зихъуэжакъыми аращ.  Мыпхуэдиз щlы (км.зэбгъузэнатэу мелуан 17-м щlигъу!!!) пlыгъыу адыгэр зэрыпхуа км.мин 300-р йомытыжын папщlэ уи щхьэм уэрдыхъу фlэкъуауэ, уи гупсысэкlэр уэрдхъум адэкlэ мыкlуэу ущытын хуейщ. Урысейр лъхуэжыркъым. Дем-катастрофэм иуващ. Сабий ахъшэ анэхэм хуагъэлъагъуэми, нэгъуэщl зэрызыщlагъакъуэми стимул къапыкlыжыркъым. 

Ауэ илъэсищэрэ хыщlрэ и пэ ирахуа адыгэхэм я щlэблэм гражданствэ епту, щlы хухэпхыу, псэупlэ хуэбухуэу... мыпхуэдэ гудзакъэ зиlэ урысей унафэщlхэм яхэткъым. Шэткъалэрэ (Ставрополь) Ермэлыхьэблэрэ (Армавир) я щхьэрэкlэ, адыгэхэм я хэкужь lыхьэу илъэс минхэм къыпхыкlар  щlы lэнэщlщ. Адыгэу мелун зытхух а щlыпэхэм щызэхуашэсыжыгъамэ хьэлэбэлыкъ къимыкlыу, Псыжь и lэшэлъашэм щыпсэухэр хэlущlыlу мыхъуу зэгурыlуэнут! 

Мыпхуэдэ гукъэкlырэ зэхэщlыкlырэ зиlэ унафэщl диlамэ, ауэ...  Хамэщl щыщу зи гупэр Хэкумкlэ къэзыгъазэ дэтхэнэ адыгэми хьэщхьэрыlуэу lуоплъэ. Я лъыр ирикlутурэ лъэпкъыр зэрырихуэр пцlыкlэ щlехъумэ. 

Посолу тыркум щыlэ Ерхым адыгэр имыцlыхуххэу, зыми адыгэр и Хэку иримыхуауэ фэ зытрегъауэ. Илъасищэрэ хыщlрэ и пэ яухын хуея шовинизмыр ноби ягъэтlылъыжакъым! "Унафэщl" и цlэу адыгэмэ зыщыуахэм къыттрагъэувахэр империем и хьэиху-бжэхуэщl къудейуэ аращ.     
     
Мыр политикэ lуэху зехьэкlэ хъуркъым. Хэхауэ зэман хьэлъэщ. Адыгэ тlэкlур Тхьэшхуэ дыкъихъумэ!!!

Алыдж Алик Шащ.э 



Comments